Андыз
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Жылэзэхуэщахэр
ХэкӀ: Dicotyledones
ХэкӀыгъуэ: Asterales
Лъэпкъ: Asteraceae
Лъэпкъыгъуэ: Андызхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Андыз
Латин цӀэр
Inula helenium
C. Linnaeus 1753


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 37797
NCBI 55635

Андыз (лат-бз. Inula helenium) — илъэс зы бжанэкӀэ къэкӀ къэкӀыгъэ лӀэужьыгъуэщ.

НэмыщӀ цӀэхэр зэгъэзэхуэжын

Адыгэбзэм мы удзым цӀэ бжыгъэ зэрехьэщ.

  • Андыз, андыдзтуркубзэхэм къыхэкӀа псалъэщ, турк лъэпкъэхэм я нэхъыбэм къагъэсэбэп цӀэр мы удз андызым тохуэщ.
  • Сабыйуц — кӀахэ лъэпкъхэм къагъэщхьэпэӀцӀэщ.
  • ЦӀыхуфӀгын — беслъэнейхэм, инжыдж къэбэрдейхэм къагъэщхьэпэ цӀэщ, псалъэм хэт Ӏыхьэ «гын» мыхьэнэ зэрихьэр беслъэнеибзэм хущхъуэщ.

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

И лъэгагъыр м 2-2,5-м нос. ЗанщӀэу докӀей, пкъым гъэгъа щхьэ гъуэжь зыбжанэ къыпедзэ мэкъуауэгъуэм-бадзэуэгъуэм. Лъабжьэжь гъум ещӀ. И тхьэмпэхэр инщ, кӀыхьщ. ИщӀагъ тхьэмпэхэр нэхъ инщ ищхьэмкӀэ тетхэм нэхърэ. Андыз жылэхэр бжыхьэм мэхъу зэхьфиран, дыгъэгъазэ жылэм ещхьщ.

КъыздэкӀыр зэгъэзэхуэжын

Андызыр къыщокӀ мэкъупӀэхэм, псыхъуэхэм, мэз лъапэхэм, мэзыбгъухэм, псынащхьэхэм, къуэхэм. Ищхьэрэ Къаукъазым и бгыжьэгъухэм куэду ущрохьэлӀэ.

Къэгъэщхьэпэгъуэр зэгъэзэхуэжын

Хущхъуэ куэд зыхэлъ удзщ. Адыгэхэм андыз лъабжьэ зэхэгъэвамкӀэ ныбажэр, кӀэтӀий, ныбэ узхэр ягъэхъуж. Лъабжьэжьым къыщӀэвыкӀа псымкӀэ мэлхэр ирагъэпскӀыу щытащ, цыр изыгъэкӀ узыгъуэхэм щахъумэу.


Тхыгъэхэр зэгъэзэхуэжын

  • Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Эльбрус». Налшыч. 1992 гъ.