Бгъащхуэ
Бгъащхъуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
ХэкӀ: Бзухэ
ХэкӀыгъуэ: Falconiformes
Лъэпкъ: Къуаргъэхэ
Лъэпкъыгъуэ: Бгъэхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Бгъащхуэ
Латин цӀэр
Aquila nipalensis Hodgson, 1833


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 558729
NCBI 193005

Бгъащхъуэ (лат-бз. Aquila nipalensis, ур-бз.: Степной орёл) — псэушъхьа, шакӀуэ-бзу, бгъыхэм ящыщ.

Аплъэпкъыр зэгъэзэхуэжын

ИкӀыхьагъыр см. 60 - 85, дамэм икӀыхьагъыр см. 51 - 65, ихьалъагъыр кг. 2, 7 - 4, 8 мэхъур. Бгъашъхъуэхэм я бзыхэр хъухэм нэхъри нэхъ ину щытхэ.

Бгъашъхъуэхэм яфэр (илъэсипӀлӀым къыщыкӀэдзауэ) гъуабджэ-кӀыфӀу щыт, шъхьакӀыбым цы плъыжь хэт куэдхэм, дэмашъхьцхэмрэ, дамэм илъэныкъуэцхэмрэ гъуабджэ-кӀыфхэ, якумкӀэ псыфэ хэлъу ирикӀу. Нэм ихъуреягъыр гъуабджэ-гъуэжьыфу щыт, ипэр псыфэ-фӀыцӀэ, лъэбжъанэхэр фӀыцӀэ, лъакъуэхэм фэр гъуэжьу щыт. Япэрей гъэм чырхэм яфэр гъуабджэ-пшэхъуафу щыт, цыхэм гъуэжь хэпхъауэ, дамэ илъэныкъуэцхэр гъуабджу щытхэ, ягъунэхэр гъуэжьу.

Здэпсохэр зэгъэзэхуэжын

 
УдзыфэкӀэ къыхэгъэкӀар-бгъуэ здашъхэм, шхъуантӀэр-шӀымахуэм здэкуэчхэр

Бгъашъхъуэхэр иипшъэ шӀыпӀэхэм щыӀахэр гъэпсом щыпсэуху щыт, ишъхъэрэмкӀэ щыӀахэр шӀымахуэм мэкуэчхэ. Бын къэздырач лъэныкъуэхэм Сыбырым ипшъэ-къуэкӀыпӀэмрэ ипшъэ-къуэхьапӀэмрэ, Азиэ Курытыр, Хъутэйм икъуэхьапӀэ лъэныкъуэм щыщ, ишъхъэрэ-къуэхьапӀэ, ипшъэ, курыт Африкэр, Индиэр джоуэ хеубыдэ. Бгуъэхэр шӀым, пабжъэхэм, бгъуэнхэм, мэкъу Ӏатэхэм щешъыр, зэзэмызэкӀэ жыгхэм иэ столбэхэм.

ДжэдыкӀэхэр щагъэтылъыр (къуэхьапӀэ лъэныкъуэхэм) - мэлыжьыхьым икӀэхэм, (къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэхэм) - нэкъыгъэм икухэм. ИгъэтӀылъыр джэдыкӀыу 1 - 2, яфэр хужьу, гъуабджэ хэпхъауэ. Махуэ 40 - 45 тес. Чырхэр бгъуэм мэзитӀ хуэдизкӀэ къонэхэ.

Яшхыр зэгъэзэхуэжын

Нэхъыбэм зэшъакӀэхэр дзыгъуэхэм, тхьакӀумэкӀыхьхэм, нэхъ макӀыу бзу мы инхэм, блэ, щындырхъуэ амэ...

Статусыр зэгъэзэхуэжын

Псоушъхьа кӀуэдхэм ящыщ, шӀыпӀэ здэпсоуэ хъуам макӀэ мэхъухэ

Сурэтылъэ зэгъэзэхуэжын