Бгъэжьей
Бгъэжьей
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къэргъей теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къашыргъэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Бгъэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Бгъэжьей
Латин цӀэр
Aquila pennata Gmelin, 1788
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырихыр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175568
NCBI 70275

Бгъэжьей (лат-бз. Aquila pennata) — къашыргъэ лъэпкъщ, бгъэхэм я нэхъ цӀыкӀу дыдэщ.

Hieraaetus pennatus

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Теплъэр лӀэужьыгъуитӀу къокӀуэ — гъуабжафэрэ тэхурэу. Япэрейм къобэкӀ гъуабжэ-фӀыцӀафэр, щхьэщӀыбыр, пщэр, дамэцхэр нэхъ тэхуу, кӀэ къабзийхэри ныбэ щӀагъри фӀыцӀэ-гъуабжафэщ. ЕтӀуанэ теплъэр фагъуэ-гъуабжэщ, къабзий гъунэхэр, ныбэ щӀагъыр тэхуфэщ, пэр лъадийхэр, лъэбжьанэхэр фӀыцӀэщ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Бгъэжьейр щопсэу Къауъказым, абы и ищхъэрэ щӀыпӀэхэм, Азиэм, Ипщэ Еуропэм, Ищхъэрэ-КъухьэпӀэ Африкэм. Мэлъэтэж. УпэщӀохуэ мэзылъэ, чыцалъэ щӀыпӀэхэм, тафэхэм, бгы мылъагэхэм. Абгъуэ щещӀ жыгхэм, къырхэм.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏусыр нэхъыщхьэу тхьэрыкъуэм хуэдизын, е нэхъ жьгъей къуалэбзу, жумэрэн, дзыгъуэщ. Абы и щакӀуэкӀэм дыболъагъу къашыргъэхэмрэ къаргъейхэмрэ яй икӀи и нэӀэ зытридзар хьэуам куэдрэ къыщиубыд къохъу.

« Адыгэ псалъэжь
Нэдыжь бгъэжьей къолъэт
»

«Ӏуэхур зэрымыщыгугъауэ къыщӀедз» мыхьэнэ къырет.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.