Бзугъуабжэгъуэщ
Бзугъуабжэгъуэщ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзухэр
Лъэпкъ: Бзугъуабжэгъуэщ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Бзугъуабжэгъуэщхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Бзугъуабжэгъуэщ
Латин цӀэр
Bombycilla garrulus Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 178529
NCBI 125297

Бзугъуабжэгъуэ́щ (лат-бз. Bombycilla garrulus) — унэбзу хэкӀыгъуэ лъэпкъ щхьэхуэщ. Ищхъэрэ къэрал бжыгъэм щопсэу. Къаукъазым зэзэмызэщ щыплъагъунур, уэс бэуэ къыщес хэкухэу, ищхъэрэ щӀымахуэ щӀыӀэхэм зэпыӀуадзу къыщылъатэкӀэ.

Bombycilla garrulus

Бзугъуабжэгъуэщыр бжэндэхъум хуэдизынщ. И теплъэм удехьэх, тхыцӀэр гъуабжэ-шхъуафэщ, щхьэгуагуэр хуэплъыфэу. КӀэпкъымрэ кӀэ къыхэкӀыпӀэмрэ щхъуэщ, жьэгъур фӀыцӀэщ. И дамэ кӀыхьыр фӀэцӀафэщ, кусэ гъуэжьхэр ирикӀуэу. ИкъукӀэ шхэрейщ, апхуэдизкӀэ ныбаплъэщи, пхъэщхьэмыщхьэу яшхым и зыныкъуэращ я нэгъум хуэгъэткӀур, адрейр зэрыпсэууэ къадохыж, щӀым здынэсми къокӀ. АрдыдэмкӀи мэзым зиужьыным щхьопэ.

Бзугъуабжэгъуэщхэр щогъуалъхьэ Еуропэ, Азиэ, Ищхьэрэ Америкэ мэзхэм.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.