Бзупщэху
Бзупщэху
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Жьыкъан лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Жьыкъанкъуэлэнхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Бзупщэху
Латин цӀэр
Ficedula albicollis Temminck, 1815


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 560071
NCBI 59894

Бзупщэху (лат-бз. Ficedula albicollis) — жьыкъан лъэпкъым щыщщ.

Ficedula albicollis

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

НыбэщӀагъыр, натӀэр, пщэщӀыбыр, кӀащхьэр, дамэхэм — ӀэпапӀэ хужь хэлъщ. Пщэм, жьэгъум хуэзанщӀэу, Ӏэлъыным хуэдэу хужь хъурей къырокӀуэ. Анэмрэ хъумрэ я теплъэкӀэ гу лъыптэу зэщхьэщокӀ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Щопсэу, щогъуалъхьэ Къаукъазым, а бы и щӀыб къуршхэм, къущхьэхъу мэзхэм. КъаукъазыкумКъэбэрдей-Балъкъэрым, Тебэрды, Щачэ и Ӏэгъуэблагъуэм, мылъэтэжу щопсэу, ауэ и бжыгъэкӀэ мащӀэщ. Ипщэ, Курыт Еуропэм къыщизышхэм щӀымахуэр КъухьэпӀэ Африкэм щрах. Щогъуалъхьэхэ жыг гъуанэхэм, жыгыуӀухэм абгъуэ папщӀэу къыраудахэм.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏусыр зэщымыщщ. Нэхъыбэу цӀыв хупс, псом хуэмыдэу мэшбэвым ейхэр, бадзэ, щыгъыныхь, бэджхэр.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.