Бурш
Бурш
Буршыр, къэкӀыгъэщӀэныгъэ тхылъымкӀэ зэхэхауэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ: ТӀуанэзэгуэкӀ
ХэкӀыгъуэ: Буршгъагъэ
Лъэпкъ: Бурш
Лъэпкъыгъуэ: Бурш
Латин цӀэр
Piper nigrum L.


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 18310
NCBI 13216

Бурч (Бурш) (лат-бз. Piper nigrum, ур-бз. Перец чёрный) — гъэ бжыгъэкӀэ псо, жыг-дэжей къэкӀыгъэ.

Ӏарысэ яшъауэ къыкӀагъэкӀыр иджылэм шъхьакӀэ, яужым зэщымыщурэ елэжьу: бурч, бурч хужь, бурч уздыфэ, бурч плъыжьыху къыхахыр (Бурч удзыфэмрэ, плъыжьыхумрэ хуэдэ пэмыкӀ къэкӀыгъэхэми къыхах, зи гугъ екӀуэкӀым зыкӀи пымышъауэ). Ахэр хьаджауэ иэ джылу шхынхэм хэлъэхьа.

Тхыдэ зэгъэзэхуэжын

Малабар шӀыпӀэм (иджырей Керала куей), Индиэм и ипшъэ-къуэхьапӀэ лъэныкъуэм, япэм зэреджэтэр Малихабар "Бурч ШӀыпӀэ". Ар хы Ӏуфэ псыгъуэ кӀыхь, бурчыр къыздикӀар абы, икӀыхьагъымкӀэ м. 6 нэсу.

ЗэрзэфӀэт зэгъэзэхуэжын

Жыг-дэжей, икӀыхьагъымкӀэ м 15 нэсу, илъэбжъэхэр къэлэлэху зэрыдзапӀэхэм ядэ къыдэжу.

Тхьампэхэр икӀагъымкӀэ хуэхъуреуэ, ишъхьамкӀэ хуэпамцӀу щытхэ, зэрызурэ макӀуэхэ, мм 80-100 якӀыхьагъу.

ЦӀыкӀу-цӀыкӀу мэгъагъэ къудамэ кӀыхым (см. 7-10 хъууэ) пыту, псыфэ-гъуэжьыфу иэ хужьу щытху.

Джылэр кумкӀэ зэрызу щытхэ, мм 3-5 ябгъуагъу, удзыфу. щыхъум идежь плъыжь, щагъэгъум фӀыцӀэ мэхъу

Илъэсым тӀо джылэ къэхь, илъэс 25-30-рэ

Сурэтылъэ зэгъэзэхуэжын