Губгъуэбабыщ
Губгъуэбабыщ
Анэмрэ (сэмэгумкӀэ) хъумрэ.
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къаз теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бабыщ теплъэ лъэпкъыр
Лъэпкъ къуэдзэ: Бабыщ лъэпкъ къуэдзэр
Лъэпкъыгъуэ: Псыбабыщхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Губгъуэбабыщ
Латин цӀэр
Anas platyrhynchos Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175063
NCBI 8839

Гъубгъуэбабыщ (лат-бз. Anas platyrhynchos) — псыбабыщ лъэпкъыгъуэм щыщщ.

Anas platyrhynchos

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Хъухэр нэхъ пӀащэщ. Гъуэлъхьэгъуэм хъум и щхьэмрэ пщэмрэ фӀыцӀэ-удзыфэщ, тхыцӀэмрӀэ ныбэ щӀагъымрэ щхъуэщ, кусэ цӀыкӀухэм зэпаупщӀу. Анэм и тхыцӀэр фыцӀэ-гъуабжафэщ, кусэ улъиягъафэхэр хэту.

Здэпсэумрэ шэнымрэ зэгъэзэхуэжын

Урысейм и ищхъэрэ дыдэм къинэмыщӀа, адрей щӀыпӀэхэм ущыхуэзэнущ — КъухьэпӀэ Еуропэм, Ипщэ-КъухьэпӀэ Азиэм, Ишъхъэрэ Америкэм и къухьэпӀэ лъэныкъуэм. Мэлъэтэж, ауэ КЪауъказым деж щӀымахуэми плъэгъунущ. Губгъуэбабыщыр зызубгъуа лӀэужьыгъуэщ. Бабыщ псом хуэдэу фӀыуэ псым йос, абы папщӀэ псыбабыщкӀэ щеджи щыӀэщ. Хьэлъэ-хьэлъэу зокӀуэ, щылъатэкӀэ дамэхэм фий макъ къагъэӀу. Щогъуалъхьэ псым и гъунэгъуу.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Нэхъыщхьэу: псыудз, гъавэхэкӀ (абыхэм папщӀэ хьэсэхэм щылъатэ бэуэ къохъу), псы псэущхьэ жьгъейхэр.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.