Джэдкусэ
Джэдкусэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Ӏуфэбзу теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Джэдкусэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Джэдкусэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Джэдкусэ
Латин цӀэр
Burhinus oedicnemus Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырихыр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176749
NCBI 85105

Джэдкусэ (лат-бз. Burhinus oedicnemus) — джэдкусэ лъэпкъщ.Тхьэрыкуъэм нэхърэ нэхъ инщ, щӀылъэрыгъуалъхьэщ.

Burhinus oedicnemus insularum

Лъакъуэ кӀыхьщ, щхьэшхуэ-нэшхуэщ, пэ кӀэщӀ быдэщ. ТхыцӀэр пшахъуэ-щхъуафэщ, кусэ фӀыцӀэхэр ирикӀуэу. Дамэ гуэлъым ӀупщӀу ирокӀуэкӀ хужь кусэшхуэ. Ныбэ щӀагъыр хужьыфэщ, и бгъухэмрэ хулъащхьэмрэ кусэ Ӏузэ фӀыцӀэхэр хэлъщ. Пэр гъуэжь-удзыфэщ, пэнцӀывыр фӀыцӀэщ.

Нэхъыбэм щопсэу къум гъубгъуэхэм, мэз лъапэ гъущэхэм — Ипщэ Еуропэм, Ищхъэрэ Африкэм, Ипщэ, КъухьэпӀэ Азиэм. Урысейм къыщизыш джэдкусэхэр щӀымахуэм мэлъэтэж Ипщэ Хьэрыпеймрэ КъуэкӀыпӀэ Африкэмрэ. Абгъуэ щищӀкъым, занщӀэу щӀыгум щокӀэцӀ, е пшахъуэм дей кумб мащӀэм. Зэ гъуэлъыгъуэр джэдыкӀитӀщы нэхъыбэ хъукъым.

Ӏусым хохьэ бадзэ, цӀыв, хьэндырабгъуэ, хьэмблу, шындырхъуо, дзыгъуэ цӀыкӀухэр.

ЛӀэщӀыгъуэ кӀуам псэуа къэхутакӀуэхэу Динник, Сатунин сымэ щхьэхуэщхьэхуэу зэратхамкӀэ, джэдкусэр щогъуалъхьэ Къаукъазум и къум щӀыпӀэхэмрэ тафэхэмрэ. Молэмусэ Хь. зэрыгугъэу щытамкӀэ — Тэрч-Гум уэхым. Черкесск и ипщэ лъэныкъуэ мэзкусэ гъунэм 1981-рэм фокӀадэм и 3-м тхакӀуэ Дыгъужь Къурмэн къыщыпэщӀэхуащ джэдкусэ и лъакъуэ къутауэ мылъэтэжыфу.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.