Къажьыкъышхуэ
Къажьыкъышхуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къажьыкъ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Къажьыкъхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къажьыкъышхуэ
Латин цӀэр
Lanius excubitor Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    Гъэпсом
    щӀымахуэр здырихыр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 560720
NCBI 56324

Къажьыкъышхуэ (лат-бз. Lanius excubitor) — къажьыкъ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ. Мы бзур псэущхьэшххэм хабжэ, зэрану къихьым сэбэпыр ебэкӀыу къалъытэ.

Lanius excubitor
Cuculus canorus canorus + Lanius excubitor

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

И лъэпкъэгъухэм ялъытауэ пӀащэщ. Дамэ лъэныкъуэр см. 10,4-12,3. Я щӀыбыр щхъуэ-ежьафэщ, щӀагъыр хужьщ, щхъуэхэр мащӀэу къыщӀэуэу.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Къажьыкъыщхуэр щопсэу Еуразиэм, Ищхъэрэ Африкэм, Ищхъэрэ Америкэм. Щыгъуэлъхьэну нэхъ къыхах чыцэ жыг гуэрэнхэр, жыг щхьэхуэхэр зэрыт тафэхэр, чыцэ зыкӀэрыт джабэхэми уащыпэщӀохуэ. Абгъуэр жыгыщхьэхэм фӀащӀыхь.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏусыргудэбадзэ, шындырхъуо, губгъуэдзыгъуэ, хьэндыркъуакъуэ, езыхэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀу къуалэбзухэр.

ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэхэр зэгъэзэхуэжын

  • Къажьыкъышхуэдамэху (лат-бз. Lanius excubitor homeyeri);
  • Lanius excubitor melanopterus;

Молэмусэ Хь. мы псоми адыгэбзэкӀэ зэреджэу зы фӀэщыгъэщ къигъэлъагъуэр. Хьэлэмэтщ, Брэм А. ахэр зэгъунэгъу дыдэу къелъытэ, зэгъусэуи я щыӀэкӀэ-псэукӀэми топсэлъыхь[1].

Молэмусэ Хь. зэритхымкӀэ, етӀуанэр Ищхъэрэ Къаукъазыкум къолъатэ жэпуэгъуэм щӀымахуэр щрихыну, мэлыжьыхьым пщӀонди зыщеӀэжьэ. ЗэрхуигъэфащэмкӀэ, къажьыкъыщхуэдамэхур ди хэгъуэгум щогъуалъхьэ[2].

Гу лъытыгъуэхэр зэгъэзэхуэжын

  1. Брэм А. Э. Жизнь животных, в 3-х тт., т. 2 «Птицы», М., «Тера» — «Terra». 1992. (урыс.)
  2. Молэмусэ Х. Т. Материалы к фауне птиц Кабарды. Уч. зап. кабардинского педин-та. Вып. VIII. Нальчик. 1955.(урыс.)

Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.