Къашыргъащхъуэ
Къашыргъащхъуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къэргъей теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къашыргъэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Къашыргъэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къашыргъащхъуэ
Латин цӀэр
Accipiter nisus
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырихыр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 175333
NCBI 211598

Къашыргъащхъуэ (лат-бз. Accipiter nisus) — къашыргъэ лъэпкъщ, къуалэ-бзуушхщ.

Accipiter nisus
Accipiter nisus

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Теплъэр зэфэзэщу щхъуэщ, пщэ щӀыбагъым ӀэпапӀэ хужьхэр хэсу, ныбэ щӀагъым кусэ гъуабжафэхэр зэпокӀуэкӀ. Анэр нэхъ пӀащэщ, тхыцӀэми гъуэбжафэ кусэхэр хэлъщ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Урысейм и щӀыпӀэ бжыгъэм (Къаукъазри хиубыдэу), КъухьэпӀэ Еуропэм, Ищхъэрэ-КъухьэпӀэ Африкэм, Азиэм. Къашыргъащхъуэхэр гъэ къэси а зы щӀыпӀэращ здэгъуалъхьэр, абгъуэжьым и гъунэгъуу щӀэ ящӀурэ. Абгъуэр нэхъыбэу зыфӀищӀыхьыр уэздыгъей жыгхэращ. Гъуэлъхьэжыр анэм изакъуэщ. Хъур абы доӀэпыкъу.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Бын щапӀ зэманым Ӏусыр нэхъыщхьэу къуалэбзу жьгъейщ, ауэ анэхэм джэд щаукӀ къохъу. Дзыгъуи яшх.

Шэныр зэгъэзэхуэжын

Брэм А. зэритхымкӀэ [1], къашыргъащхъуэр цӀыхум щышынэми, адрей къуалэбзухэмкӀэ хуабжу гуейщ. Зэрыхахуэм къинэмыщӀауэ сыт хуэдэ щытыкӀэ имыхуами Ӏэнкун хъукъым икӀи хьылэщ, гъуогушхуэхэм уащыхуозэ дыгъуакӀуэ-хъунщӀакӀуэхэщ. Хьэлэмэтщ, ӀэкӀуэлъакӀуэу къалэбзу жьгъейхэр къызэригъэпцӀэфыр, абы папщӀэ мэзкъанжэм и лъэтэкӀэм зыпещӀыж. ЗэщакӀуэм иужь здитым ар апхуэдизу щӀехьэщэри, унэ, вагон кӀуэцӀым щыщӀэлъатэ, цӀыхухэм ис гъуогурыкӀуэхэм щажэхэуэ къохъу.

Гулъытыгъуэ зэгъэзэхуэжын

  1. Брэм А. Э. Жизнь животных, в 3-х тт., т. 2 «Птицы». Мэзкуу. ТхылътедзапӀэ «Тера» — «Terra». 1992 гъ.

Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.