КъруфӀыцӀэ
КъруфӀыцӀэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къру хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Къру лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Кърухэр
ЛӀэужъыгъуэ: КъруфӀыцӀэ
Латин цӀэр
Grus monacha
Temminck, 1835


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176186
NCBI 40818

КъруфӀыцӀэ (лат-бз. Grus monacha) — къру лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Кърухэм я нэхъ цӀыкӀу лӀэужьыгъуэщ. И теплъэр нэхъыбэкӀэ щхъуафэ-фӀыцӀафэщ. Къабзий пхъашэхэр фӀыцӀэщ. Щхьэмрэ пщэмрэ хыжьхэ, щхьэшыгур плъыжьыфэщ. Хъумрэ анэмрэ я теплъэкӀэ зэфэгъущ, ауэ хъухэр тӀэкӀу нэхъ инхэ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Щогъуалъхьэ Сыбырым, КъуэкӀыпӀэ Жыжьэм, Хъутейм и ищхъэрэ лъэныкъуэхэм, щӀымахуэр щрех Японым, Корейм я ипщэ лъэныкъуэхэм, Хъутеикум.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Кърум хуэдэуи и Ӏусым къэкӀыгъи псэущхьи хохьэ: псы удз, мэракӀуэ, жылэ, абым щымыхъукӀэ — гъудэбадзэ пӀащэхэр, хьэндыркъуакъуэ, шындырхъуо.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.