КъуанщӀэ
КъуанщӀэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Вынд лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Фикъхэр
ЛӀэужъыгъуэ: КъуанщӀэ
Латин цӀэр
Corvus frugilegus
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 179738
NCBI 75140

КъуанщӀэ (лат-бз. Corvus frugilegus) — вынд теплъэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Corvus frugilegus

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Къуаргъым хуэдизынщ. Теплъэр фӀыцӀэ-лыдщ. Жьэпкъыр, пэ къыхэкӀыпӀэр, нэкӀур пцӀанэщ, хужьыфэщ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Щыкуэдщ Еуропэм, Азиэм. Къаукъазым щыбэгъуащ, мылъэтэжыу щопсэу. Щыплъагъунущ гупышхуэхэу жыг хадэхэм, паркхэм, къуажэ гъунэхэм щыӀэ жыг гуэрэнхэм, мэз лъапэхэм, псы Ӏуфэ жыгхэм.

Гъуэлъхьэгъуэр зэгъэзэхуэжын

Абгъуэ зэ ищӀар илъэс бжыгъэкӀэ къегъэщхьэпэ. Зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀи 3-5, гъуэлъхьэжыр анэращ. Къыреш махуэ 16-20-кӀэ. ХьэӀулэщӀ псоми яхуэдэу къуанщӀэ шырхэр къохъу цы ятемыту, янэхэр къэмыпщӀауэ. Япэ тхьэмахуэрэ ныкъуэрэм шырхэри анэхэри хъум егъашхэ, атӀанэ быныр тӀуми зэдапӀ. Шырхэр абгъуэм къолъэт мазэ ныбжьым иту.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

КъуанщӀэхэм яшх хьэпщхупщ, дзыгъуэхэкӀ, гъавэ, хадэцӀыкӀухэкӀ.

ӀуэрыӀуатэм зэгъэзэхуэжын

Мы къуалэбзур ди ӀуэрыӀуатэм зэрыхэтыр Ӏейм и лъэныкъуэщ. КъуанщӀэхэр Сосрыкъуэ зэраукӀынум и нэгъыщэу, телъхьэу «Нартхэм» къахощыж: «Сосрыкъуэ унэм щыщӀэплъым дунейр зэуэ къызэӀыхьащ. Махуэр жэщ кӀыфӀ хъужащ... Сосрыкъуэ зыщӀэс унэм къуанщӀэ фӀыцӀэхэр Ӏэрамэ-Ӏэрамэхэу къыщхьэщылъэтахэу дамэкӀэ унащхьэр трауд. Ар Сосрыкъуэ игъэщэгъуащэри и щӀасэм еупщӀащ, — Жэщым къуанщӀэхэм къалъэтыхьу хэт игъащӀэм илъэгъуа?»[1].

  • «КъуанщӀэр зи пашэм шы лӀам хуешэ» — псалъэшэрыуэ.

Гулъытыгъуэ зэгъэзэхуэжын

  1. Нартхэр. Адыгэ ӀуэрыӀуатэ. Налшыч. 1951 гъ.

Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.