КъуацэщӀэж
КъуацэщӀэж
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: МывэкӀэпыс лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: КъуацэщӀэжхэр
ЛӀэужъыгъуэ: КъуацэщӀэж
Латин цӀэр
Anthus trivialis
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    щӀымахуэр здырих


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 178500
NCBI 45804

КъуацэщӀэж, чыцэщӀэж е чыцэхэс (лат-бз. Anthus trivialis) — мывэкӀэпыс лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Cuculus canorus canorus + Anthus trivialis
Anthus trivialis trivialis

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Унэбзум хуэдизщ, ауэ нэхъ зэкӀужщ. Пэ папцӀэщ, лъакъуэ псыгъуэщ, жэным тегъэпсыхьауэ. ТхыцӀэр щхъуэ-гъуэжьыфэщ, кусэ ӀэпапӀэ кӀыхьхэр ирехыу хэлъу. Ныбэ щӀагъыр улъия-гъуэжьыфэщ, и бгъэмрэ хулъащхьэмрэ ӀэпапӀэ гъуабжэ фӀыцӀэхэр хэсу. МащӀэу дэха кӀэ нэзыр хужьщ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

КъуацэщӀэжыр щопсэу Азиэм, Сыбырым. Къаукъазым къызэрыкӀуэ къуалэбзущ, мэлъэтэж. Абгъуэ щӀыгъуэм щыплъагъунущ тафэ мэзхэм къыщыщӀэдзауэ къущхьэхъум нэс, мэз лъапэ гъурц зэщӀэкӀахэм, псыхъуэхэм, паркхэм. Хуабжьу сакъщ. МэкъупӀэщӀыпӀэ удз Ӏув щӀагъым къыщижыхьурэ.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏусым и нэхъыбэр дыгъафӀэхэм, мэзыр здэпӀащӀэхэм къыщеубыд: цӀыв, абы и хупсхэр, щыгъыныхь, хьэндырабгъуэ, бадзэ, бэдж, гъатхэмрэ бжыхьэмрэ — къэкӀыгъэ жылэ.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.