Къушъхьэджэд
Къушъхьэджэд
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Джэд теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Мэзджэд лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Къущхьэджэдхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Къушъхьэджэд
Латин цӀэр
Lyrurus mlokosiewiczi
Taczanowski, 1875


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 677539
NCBI 109039

Мысырджэд, Къушъхьэджэд (лат-бз.: Lyrurus mlokosiewiczi, ур-бз.: Кавказский тетерев) — бзу инхэм ящыщ, мэзджэд лъэпкъым ящыщу.

Аплъэпкъыр зэгъэзэхуэжын

Хъум иинагъыр см. 50 - 55 хуэдиз, ихьалъагъыр кг. 1, 1 хуэдиз; ифэр псыфэ-кӀынфӀу иэ фӀыцӀу щыт (цыхэр мы лыду), инашъхьахэм набдзэ хуэду плъыжьу тет, икӀапэ цылъэныкъуитӀыр нэхъ кӀыхьу, гъэчауэ щытхэ, икумкӀэ кӀуэху цыхэр нэхъ кӀэкӀ мэхъухэр. Бзыхэм я инагъыр см. 37 - 42 хуэдиз, я хьалъагъыр кг. 0, 95 хуэдиз, я фэр уэгу щыт гъуэплъ-гъуабджэм кӀынфӀу хэлъу.

Здэпсохэр зэгъэзэхуэжын

Урысейм Къаукъаз закъуэра здэпсор, пэмыкӀ къэралхэм: Азэрбиджаным, Ермэлым, Курджым, Тыркум. Куэч бзухэм ящыщкъым, къушъхьахэм я псэупӀэ-хъупӀэхэр м. 3, 300 носыр, абгъуэ здашъхэр м. 2, 600 лъэгагъым фӀэмыкӀыу. Нэхъ кӀасу здыхэсыр пабжъэхэм - аӀуейгъурцхэм хьацыбанэхэм.

Зэрзэпыхьахэр зэгъэзэхуэжын

Абгъуэхэр шӀым щашъыр, къушъхьахъум, пабжъэхэм. Абгъуэм ирилъхьар джэдыкӀитху хуэдиз, тесыр бзым изакъуэ, махуэ 25. Гъэ къэс шхьагъусэ кӀэ лъыхъурэ яшъыр. Хъухэр щызэфӀэувэхэр илъэситӀ щырикъум ижей, бзыхэр илъэс ирикъумэ.

Ишхыр зэгъэзэхуэжын

Гъэмахуэм - гъэгъахэр, гъэчхэр, тхьампэхэр, мэракӀуэ, цӀыв Ӏамэ; шӀымахуэм - къэкӀыгъэ-бынджэ, джылэ Ӏамэ.

Зэрхуэсакъыр зэгъэзэхуэжын

Япэреуэ Советхэм къыдагъэкӀа Тхылъ плъыжьым ( 1978 гъэм ) мысырджэдыр "кӀуэд псэушъхьахэм" яхэта. Тхылъ плъыжь 1984 гъэм къыдэкӀам "псэушъхьа кӀуэдхэм" къыхагъэкӀа. Ауэ иджыри къыздынэсым кӀуэдыфынкӀи хъуну. Абы "дэӀапыкъур" цӀыхум ишъакӀуэнымрэ, былым гъэхъунымрэ. Былымым иабгъуэхэмрэ бзучырхэмрэ зэхепӀытӀэ, абы пэмыкӀыу ахъуэхэм я хьахэми мысырджэд куэд яубыдыр, ятхьалэ.