Махъшэбзу
Махъшэбзу
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Махъшэбзу теплъэхэр
Лъэпкъ: Struthionidae
Лъэпкъыгъуэ: Махъшэбзухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Махъшэбзу
Латин цӀэр
Struthio camelus Linnaeus, 1758
ХэкӀ къуэдзэхэмрэ инфрхэкӀхэмрэ


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 174375
NCBI 8801

Махъшэбзу́ (лат-бз. Struthio camelus) — мылъатэ бзуушхуэ.

И лъэгъагъыр щхьэшыгум нэгъунэ см. 270 нос, къешэч ч. 70-90. Лъатэкъым, ауэ икъукӀэ псынщӀэу мэжэф (зы сэхьэтым км. 70 нэсу), бгъэгулыбэ къупщхьэ иӀэкъым, фӀэтри лъэпхъуамбитӀ къудейщ, щхьэр цӀыкӀу, пщэ пцӀанэ, лъакъуэхэр кӀых. ЗыщӀыпӀи мылъэтэжыу щопсэу Африкэм и мэзыншэ тафэ гъущэхэм.

КӀэцӀыгъуэ-къишыгъуэ зэманым махъшэбзуухъум анитӀ-щы щӀыгъущ, дэтхэнэми джэдыкӀи 7-9 къекӀэцӀ, ахэри зейхэм яхуэфащэу пӀащэщ.

Ӏусым хохьэ къэкӀыгъэхэр, псэущхьэ жьгъейхэр — дзыгъуэхэр, шындырхъуо, къуалэбзу, гъудэбадзэ.

Махъшэбзур махъшэми хуэду псы емыфэу зэман кӀыхькӀэ мэпсэуф, ауэ щигъуэтым хуэчэфу йофэ икӀи зегъэпскӀ. Нэ жанщ икӀи сакъщ.

И къабзий дахэм щхьэкӀэ ахэр 1938-рэ гъэм къыщыщӀэдзауэ Ипщэ Африкэм, иужыӀукӀэ Алджазаирым, Сицилиэ хытӀыгум, Фрэнджым, нэгъуэщӀ къэралхэми зэрахуэуеубла. Ипщэ Африкэм ахэр ягъэмэлыхъуэ, пылъхьэншэуи а къэлэныр ягъэзащӀэ, абы къыхуагъэщӀа нэхъ умыщӀэну: жэрхэщ, бэшэчхэщ, къарууфӀэхэщ, сакъхэщ, нэхъыщхьэращи дыгъуакӀуэхэм ящышынэкъым — ирецӀыху, ирехьэкӀэкхъуэкӀэ.

Махъшэбзур Ищхъэрэ Къаукъазым хъун щаублащ:


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.