Микеланджело Буонарроти (1475 гатхэпэм и 6 — 1564 мазаем и 18) — Урымым щыщ цӀэрыӀуэ хулъхугъэ, ЗэфӀэувэжьыныгъэм техуауэ щыпсоуа — лэчтхыгъэм, мывэӀэшъагъэм, усэм теухуауэ и лэжьыгъэхэр.

Микеланджело
урым.-бз. Michelangelo-Buonarroti
Сурэт
И лэжьыгъэр: лэчтхыгъэ, мывэӀэшъагъэ, усэ
Къыщыхъуар: 1475 гъатхэпэм и 6[1][2][3][4]
Къыздэхъуар: Капрэзэ Тосканам
Дунейм щехыжар: 1564 щӀышылэм и 18[5][1][2][3][4] (88 гъ.)
Дунейм здехыжар: Рым
Диныр: Чыристэныгъэ
Лъэпкъыр: Италян
ӀэпэкӀэдзыр:
Микеланджело Уикисурэтылъэм

Гъашъэм и тхыдэр зэгъэзэхуэжын

Къыздэхъуар къалэ Капрэзэм (Тоскана хэкум) ӀэнатӀэпӀашъхьэ зиӀэ хулъхугъэм и унагъуэм. ИцӀэр тезыӀуар ядэра, а цӀэр Тхьэм и пӀалъэкӀэ къытеху къиӀохут. КӀалэцӀыкӀум и анэр илъэсих щыхъум идежь дунем ехыжьа.

1488 гъэм Микеланджело лэчтхыгъэ цӀэрыӀуэ Доминик Гирландайо идежь еджэну Ӏохьэ, илъэскӀэ абым идежь щыӀа, яужкӀэ мывэӀэшъагъэм зырегъасэ Бертолдо ди Джованни идежь.

Микеланджело и япэрей лэжьыгъэхэр — релиеф «КӀэлъем Ӏус Мадонна», «Кентавырхэм я зауэ». Рым идежь Микеланджело сын «Вакх» ешъыр (1496-1497). Микеланджело и сын нэхъ цӀэрыӀуэр — «Даут и сын».

1508—1512 гъэхэм Микеланджело лэчкӀэ етх Систина капэллэр Ватиканым. 1534 гъэм Микеланджело къыдэмкӀыжьу Рым дотӀысхьэ.

ИкӀэм, илъэс 30 псоужьар Микеланджело усэмрэ лэчтхыгъэмрэ пылъа. Рым иде дунем ехыжьа.

Сурэтылъэ зэгъэзэхуэжын

Гулъытэгъуэ зэгъэзэхуэжын

  1. 1.0 1.1 Dussler L., Girardi E. N. Dizionario Biografico degli Italiani — 1972. — Vol. 15.
  2. 2.0 2.1 BeWeB
  3. 3.0 3.1 (unspecified title) — 1998.
  4. 4.0 4.1 (unspecified title)
  5. архитекторы, работающие в Швеции — 2014.

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын