МывэкӀэпыс
МывэкӀэпыс
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: МывэкӀэпыс лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: МывэкӀэпысхэр
ЛӀэужъыгъуэ: МывэкӀэпыс
Латин цӀэр
Motacilla alba
Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 178476
NCBI 45807

МывэкӀэпыс (лат-бз. Motacilla alba) — мывэкӀэпыс лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Motacilla alba
Cuculus canorus canorus + Motacilla alba

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Унэбзум хуэдизынщ, ауэ зэкӀущ, лъакъуэ псыгъуэ кӀыхьщ. И кӀэри кӀыхьщ — см. 10 хуэдиз мэхъу. Ар и пкъым хуэдизщ. Теплъэ нэхъыщхьэр хужьрэ щхъуэрэщ. Жьэгъур, бгъащхьэр, щхьэщыгур, пщэ щӀыбыр, кӀэр (къабзий гъунэхэр) — фӀыцӀэщ. Дамэхэр гъуабжэ-щхъуафэщ, кусэ хужьхэр хэлъу.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Щопсэу Еуропэм, Африкэм. Къаукъазым щӀымахуэр щизыхи къахокӀ. Нэхъ щыплъагъур псыхъуэхэращ. Абгъуэр щӀыпӀэ зэхуэмыдэхэм щещӀ — унащхьэм, пкӀэхэм, бжьыхьэкӀапэхэм, къуацэ, пхъэ зэтелъхэм.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

МывэкӀэпысхэр здэщакӀуэр щӀылъэращ. УдыпцӀэ тафэм, псыӀуфэ пшахъуэм, мывэкӀэщхъым къыщажыхьурэ къапэщӀэхуэ хьэпщхупщыр, гъудэбадзэр къаубыд. Былым ӀыгъыпӀэхэм я гъунэгъуу гъудэ, аргъуей куэд яшх, сэбэп ини мэхъу.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.