Мысырпсыхэуэ
Мысырпсыхэуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Псыхэуэбзагуэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Псыхэуэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Мысырпсыхэуэхэр
Bubulcus Bonaparte, 1855
ЛӀэужъыгъуэ: Мысырпсыхэуэ
Латин цӀэр
Bubulcus ibis
Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 174803
NCBI 110668

Мысырпсыхэуэ (лат-бз. Bubulcus ibis) — псыхэуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Теплъэ нэхъыщхьэр хужьыфэщ, бгъэмрэ пщэмрэ гъуэжь-плъыжьыфэщ, тхыцӀэр ягъэдахэ плъыжь-улъиягъафэ цы кӀыхьхэм. Пэ гъуэжьщ, пщагуэщ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Мысырпсыхэуэхэр щопсэу Азиэ Ипщэм, Африкэм, Америкэм. Ди къэралым щымащӀэщ. Мэпсэу Къаукъазым и ипщэ-къуэкӀыпӀэм, Индыл и хэлъэдапӀэм, Ищхъэрэ Къаукъазым деж зэзэмызэ уащыхуозэ чыцэ, къамыл здыӀут Ӏуфэхэм, хъупӀэхэм, ауэ щыгъуалъхьэкъым.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Мысырпсыхэуэм нэхъыбэу ишхыр гъудэбадзэ пӀащэхэращ, къапщтэмэ, пкӀауэхэр. Ӏумпэм ищӀкъым псым хэс псэущхьэ цӀыкӀухэри. Былымхэм (псалъэм папщӀэ, хьэрэхэм, пылхэм) я тхыцӀэм тетӀысхьэурэ щӀыфэм къыхех хьэпӀацӀэ зэмылӀэужьыгъуэ куэд.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.