Мэзхуэусэ
Мэзхуэусэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Уэгунэбзу лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Мэзхуэусэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Мэзхуэусэ
Латин цӀэр
Lullula arborea
Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 560894
NCBI 215315

Мэзхуэусэ (лат-бз. Lullula arborea) — уэгунэбзу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Lullula arborea
Lullula arborea

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

ТеплъэкӀэ бзухьэгуагуэм ещхьщ, нэхъ цӀыкӀущ. ТхыцӀэр гъуабжэщ, кусэ фӀыцӀэхэр ирехыу, ныбэ щӀагъыр хужьщ удзыфэ-гъуэжь къыщӀэуэу, хулъащхьэмрэ бгъэгумрэ кусэ фӀыцӀэ цӀыкӀухэр хэсщ, и кӀэ къабзийхэм хужь ӀэпапӀэ щимэхэр хыболъагъуэ. И щхьэм хьэгуагуэ мащӀэ тесщ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Мэзхуэусэхэр щогъуалъхьэ Къаукъазым нэмыщӀу Ищхъэрэ Африкэм, Курыт, КъухьэпӀэ Еуропэм, Азиэ ЦӀыкӀум я мэз гъунэхэм. Ди хэгъуэгухэм мылъэтэжу щопсэу. Абгъуэр щыщӀ щӀылъэ кумб цӀыкӀухэм. Гъэм тӀо мэгъуалъхьэ.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏусым хохьэ цӀыв, щыгъыныхь, хъумпӀэцӀэдж, нэгъуэщӀхэуи удзым къыщагъуэтыр. Гъатхэмрэ бжыхьэмрэ къэкӀыгъэ жылэ яуӀу.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.