Ныбэхубзу
Ныбэхубзу
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Ӏуфэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Ӏуфэбзу лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Ныбэхубзухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Ныбэхубзу
Латин цӀэр
Charadrius dubius
Scopoli, 1786


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176529
NCBI 225396

Ныбэхубзу (лат-бз. Charadrius dubius) — Ӏуфэбзу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Charadrius dubius

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

ТхыцӀэр гъуабжэ-щхъуафэщ; жьэгъур, пщэр ирекӀуэкӀыу, ныбэ щӀагъыр зэрыщыту хужьщ, Ӏэлъыным ещхьу пщэм кусэ фӀыцӀэ ирокӀуэкӀ; нэщӀащхьэр хъурейуэ гъуэжьщ, и пэр фӀыцӀэщ, натӀэ щӀагъыр хужьщ. Мы бзухэр псыӀуфэ мывэкъуршым къыхэлъагъукӀыгъуейщ, апхуэдизкӀэ хогъуащэри.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Урысейм къинэмыщӀауэ, къэрал куэдми уащыпэщӀэхуэнущ. Ныбэхубзухэм гъащӀэр здагъакӀуэр псы, хыкъум Ӏуфэ пшэхъуалъэ, мыфэкӀэщхъ здэкуэдыращ. Абгъуэ щащӀ жыгым и гъунэгъуу ятӀагъуэ, пшахъуэ, мывэкӀэщхъ къихыпӀэ мащэхэм. Къаукъазым и псыхъуэхэм ныбэхубзур щыкуэдщ, къыщылъатэр мэлыжьыхьым икӀэхэращ; бжьыхьэкӀэхэм, япэрей уэсым иужькӀи псынэ Ӏуфэхэм щалъагъу.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.