ПсыпцӀэджэд
ПсыпцӀэджэд
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Къру хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: МэкъупӀэджэд лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: МэкъупӀэджэдхэр
ЛӀэужъыгъуэ: ПсыпцӀэбабыщ
Латин цӀэр
Rallus aquaticus
Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырих


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176223
NCBI 54496

ПсыпцӀэджэд (лат-бз. Rallus aquaticus) — мэкъупӀэджэд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Rallus aquaticus

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

ТеплъэкӀи инагъкӀи мэкъупӀэджэдым хуэдизщ. ТхыцӀэр фӀыцӀэ-лыдщ, цы гъунэхэр гъуэжь-гъуабжафэу къекӀуэкӀыу. Ныбэ щӀагъыр щхъуэ-жырыфэщ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Щопсэу Еуропэм къыщыщӀэдзауэ КъуэкӀыпӀэ Жыжьэм нэгъунэ, Ищхъэрэ Африкэм, Азиэм ипщэ лъэныкъуэм. Къаукъазым щымащӀэкъым. Орнитолог Росиковым 1884 гъ. зэригъувамкӀэ[1]Балъкъ псыхъуэм мылъэтэжу щопсэу. Уеблэмэ, мыбдежым бжыхьэм псыпцӀэджэдхэр нэхъыбэ щохъу, ищхъэрэ щӀыпӀэхэм къилъэтыкӀыурэ.

Уащыхуозэ тафэхэм, бгы лъапэхэм. Щогъуалъхьэ къамыл, ӀутӀанэ, бгъэн, нэгъуэщӀ псыудз кӀырхэм. Йосыф, псым телъ удзыпкъэхэм, тхьэпэхэм ирокӀуэф. ЩӀымахуэм щыплъагъунущ псы мыщтхэм ягъунэгъуу.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏусым хохьэ псыудз, хьэмбылу, псыдыуэ, нэщӀэпкӀэ, псыцӀыв, н.къ.

Гу лъытэ зэгъэзэхуэжын

  1. Маламусов Х.Т. К биологии куриных птиц Кабардино-Балкарии. Уч. зап. Кабардино-Балкарского ун-та. вып. 12. 1961.

Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.