Псыхъуэгуа́щэ иэ Псыгуа́щэНартхэм я ӀуэрыӀуатэхэмрэ таурыхъхэмрэ хэт. Адыгэхэм я хабзэжъхэм Псыхъуэгуащэр псым епхауэ хъуам: псыхъуэхэм, псынэхэм, псыхъурейхэм адрейхэми я гуащэ. Нэхъ пасэ Псыхъуэгуащэр — псыхэм я гуащэ, я тхьэ хуэду зэфӀэувэр, зэман гуэрэм къоувыӀэри таурыхъхэмрэ ӀуэрыӀуатэхэмрэ хэт зы сурэт мэхъур.

Сурэтымрэ псэукӀэмрэ зэгъэзэхуэжын

Псыхъуэгуащэр адыгэхэм «зэралъагъутэр» бзылъхугъэ упцӀэна, шъхьэц дахэ кӀыхьышхуэ зтет. Хъыбархэм нэхъыбу къызэрхэкӀхэмкӀэ Псыхъуэгуащэр псыӀуфэхэм ядежь Ӏуст, и мажьэмкӀэ и шхьэцхэр ижьу. И сурэтымкӀэ/теплъэмкӀэ Псыхъуэгуащэр еуропей ундинэмрэ урыс русалкэмрэ я хуэдэ къэрэпс. И шъхьэц кӀыхьми и пцӀэнагъэми игъэлъагъуэр псы дунем зэр пышъар, зэр щыщыр, абы и мажьэмкӀэ и къэрур къызэрхэкӀыр.

Хъыбар бжыгъэм къызэраӀуатэмкӀэ Псыхъуэгуащэхэм хулъхугъэхэр дахьахыр. Къэзлъэгъуам иэ и нэ иплъа хулъхугъэр сымаджэ мэхъур мышхэ-мыжей мэхъу, унэм дэмызагъу дэзхьэхам нэхъ емыгушыпсурэ цӀыхур ӀэкӀохьэр гуащэм. ПэмыкӀ хъыбархэмкӀэ, хулъхугъэ къэзмыдауэ Псыхъуэгуащэм текӀуар — кӀэх сымаджэ мэхъури малӀэ.

Хабзэм зэгъэзэхуэжын

Гъэ къэс, гъатхэм, псыр къимыун, псыдзэ щымыӀэн шъхьэкӀэ тхьэлъэӀу Псыхъуэгуащэм хуашът, Ӏус хуагъэхьэзырхэр псым хадзэт иэ псы Ӏуфэм къыӀуанэт.

Зэи ямыду щытар мыхъууи къалъытэтэр — мажьэ псыхъуэм къэплъэгъуамэ къэпштэн, а мажьэр Псыхъуэгуащэм еуэ къыкӀэкӀыфыну. И мажьэр къэзыштам (абым щымыхъукӀэ и хьэблэ здэпсо псоми) бэлыхь дунер къатехуэну, мыхьэни иӀэкъым цӀыхум ар ишъэ-имышъэми. Мажьэр къэзыштам уасу ятехуэнур «джанибл» (цӀыху гъашъэ блы).

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын

Last edited 6 years ago by YiFeiBot