Сэтэней
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ: ТӀуанэ
ХэкӀыгъуэ: Хьэцыбанэхэр
Лъэпкъыгъуэ: Сэтэней
Латин цӀэр
Filipendula ulmaria


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 25171
NCBI 57917

Сэтэней (лат-бз.: Filipendula ulmaria, ур-бз.: Таволожник) — къэкӀыгъэ Хьацыбанэ-лъэпкъым ящыщ, Еуропэмрэ Къуэхьапэ Азиэмрэ игубгъуэхэм къыщокӀыр.

ЗэрзэфӀэтыр зэгъэзэхуэжын

ГъэбжыгъэкӀэ псо удз-къэкӀыгъэ м. 1,5 - 2 илъэгагъу, жэпкъ зандэ, къуэлэн, дамэрэ къудамэрэ бжыгъэ пыту иӀа, лъабжъэр лъахъцу щыту, зэкӀэкӀэжу.

Тхьампэхэр гъэчхэм пыту къытокӀэ тӀурытӀу щырыщу игъунэхэмкӀэ, зы ин пашъхьам иту. ЯшъхьамкӀэ удзыфэ-кӀынфӀу, цӀанлъу щытхэ, якӀагъымкӀэ удзыфэху, пхъашу. Тхьампэшхуэхэм я зэхуакум тхьампэцӀыкӀу дзасэу ядэт.

Гъагъэхэр цӀыку щытхэ, гупышху зэхэубыдауэ гъэчхэм къатокӀэ гъуэжьрэ хужьрэ зэхэлъу, мэфӀ яӀу. Апхуэдэ зы гъэчым икӀыхьагъыр см. 20 нэсыфыну. Щыгъагъэр мэкъуауэгъуэм бадзэуэгъуэм.

КъыздэкӀыр зэгъэзэхуэжын

Еуропэм (Скандинавым, Еуропэ Курытым, Атлантик океаным иӀуэм Ӏулъ къэралхэм, Укрэинэм), Азиэм (Азиэ Курытым, Азиэ ЦӀыкӀум, Монголым).

Урысейм иеуропей лъэныкъуэм, Къаукъазым, КъуэхьапӀэмрэ КъуэкӀыпӀэ Сыбырымрэ.

Нэхъ кӀасу къыздэкӀыр губгъуэ, мэзкъуи, псыпцӀэхэм-псы ннэхъыбу шӀым здыкӀэтхэм ядей.

Сурэтылъэ зэгъэзэхуэжын

 

Пабжъу зэкӀэкӀауэ

 

КӀагъ къудамэ-тхьампэхэр

 

Гъэч-тхьампэхэр

 

Гъэчым фӀэт гъэгъа-гупзэхэт

 

Гъэгъа

 

Джылэхэр