Темэнпсычэт
Темэнпсычэт
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэ
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Ӏуфэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Ӏуфэбзу лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Темэнпсычэтхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Темэнпсычэт
Латин цӀэр
Vanellus vanellus Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здэгъуалъхьэр
    гъэпсом
    щӀымахуэр здырих


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176481
NCBI 100859

Темэнпсычэт (лат-бз. Vanellus vanellus) — Ӏуфэбзу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Vanellus vanellus

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Инкъым. Щхьэр, хулъащхьэр — фӀыцӀэщ; бгъэр, ныбэ щӀагъыр, щхьэбгъухэр — хужьщ. ТхыцӀэр удзыфэщ гъуэжь-гъуабжафэ къыщӀэуэу. ЩхьэщӀыбымкӀэ цы бгъузэ зыбжанэ хьэгуагуэ къыхокӀ.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Щопсэу Еуропэ псом, Азиэм. Мэлъэтэж. Урысейм щыӀэхэм щӀымахуэр КъухьэпӀэ Къаукъазымрэ Курыт Азиэмрэ щрах. Щогъуалъхьэ мэкъупӀэ псыӀэхэм, мэз, псыпцӀэ гъунэхэм, губгъуэхэм. Пкъымызагъэ гуоурейщ.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Я Ӏусым хохьэ хьэпщхупщ, хьэмбылу, цӀыв, хьэндырабгъуэ, щыгъыныхь, мацӀэ.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.