Хьэрхьуп
Хьэрхьуп | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Upupa epops Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Хьэрхьуп е ХьэрэхупӀ (лат-бз. Upupa epops) — лъэпкъэгъуми, лъэпкъ зыщыщми и лӀэужьыгъуэ закъуэщ, лӀэужьыгъуэ къуэдзэ бжыгъэ зэщӀиубыдэу.
Теплъэр зэгъэзэхуэжын
Тхьэрыкъуэм хуэдизынущ. ТхыцӀэр щхъуэ-сырыхущ, дамэхэр кусэ хужь-фӀыцӀэу зэхэлъщ, кӀэ дэхар фӀыцӀэщ. Щхьэр гъуэ-плъыжьыфэщ, щхьэгуагуэшхуэ иӀэщ къиӀэт-игъэтӀылъыжь хъууэ. Жьэгъур, хулъэр, бгъэр гъуэ-плъыфэ фагъуэщ, ныбэ, кӀэ щӀагъыр тэхущ. Анэхэр нэхъ фагъуэщ.
Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын
Щопсэу Еуропэм, Азиэм, Африкэм. Ди къэралым щымащӀэщ, мэлъэтэж. ЩӀымахуэр Урысейм деж ирахыу нэхъ здыхуагъэфащэр КъаукъазыкӀэрщ. Щогъуалъхьэ жыг зэрызхэр, е гуэрэнхэр зырыт губгъуэхэм, мэз кусэ гъунэхэм. Абгъуэ щещӀ жыггъуанэхэм, лъабжьэхэм, мывэ зэтелъхэм.
Ӏусыр зэгъэзэхуэжын
Нэхъыщхьэу и Ӏусыр гъудэбадзэхэр, хьэпщхупщхэр абыхэм я хупсхэр.
ЩӀэнхабзэм зэгъэзэхуэжын
Хьэрхьупыр, бжыгъэкӀэ апхуэдэу мыкуэдми, цӀыхухэм нэхъыфӀу ящӀэ къуалэбзущ. Гъатхэм и къэлъэтэжыгъуэр адыгэхэм я гуащӀэдэкӀ махуэгъэпсым нэщэнэу хыхьащ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.