ЦӀыжьдадэкӀэкӀыхь
ЦӀыжьдадэкӀэкӀыхь
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: ЦӀыжьдадэкӀэкӀыхь лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: ЦӀыжьдадэкӀэкӀыхьхэр
ЛӀэужъыгъуэ: ЦӀыжьдадэкӀэкӀыхь
Латин цӀэр
Aegithalos caudatus
(Linnaeus, 1758)


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 558441
NCBI 73327

ЦӀыжьдадэкӀэкӀыхь (лат-бз. Aegithalos caudatus) — цӀыжьдадэкӀэкӀыхь лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Aegithalos caudatus

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Щхьэмрэ ныбэ щӀагъымрэ хужьщ, тхыӀцэмрэ дамащхьэмрэ фӀыцӀэщ, нэ хъуреягъхэр плъыфэ пцӀанэщ.

Здэпсэур зэгъэзэхуэжын

Ищхъэрэ Къаукъазым гъунэжу щопсэу, щыӀэщ Еуропэм, Анадолейм, Къажэрейм, Сыбырым, нэмыщӀ щӀыпӀэхэми. Абгъуэ щӀын яублэ гъатхэпэ-мэлыжьыхьым ипэм. Зэрыхабзэщи ар щащӀ пхъэхуейм, нэхъ мащӀэу дзэлым, жыгейм е чыцэ лъагэхэм. Чыцэ Ӏувым деж абгъуэр щӀым пэжыжэщ, м. 1,5-3, мэзым м. 7-10-кӀэ къудамэ гъумхэм я зэгуэкӀыпӀэм.

Абгъуэ щӀыгъуэр зэгъэзэхуэжын

Зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀи 10-12. Абгъуэм тесщ махуэ 12-13. Шырхэр ягъашхэ махуэ 15-16. Къаукъазым деж цӀыжьдадэкӀэкӀыхьхэр мэкъуауэгъуэм етӀуанэу мэгъуэлъхьэж. Япэ къишыгъуэ быныр абгъуэм къилъэта нэуж зэщӀыгъуу гъатхэм нэгъунэ мэзым Ӏэпхъэурэ щопсэу.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏусыр нэхъыщхьэу хьэпщхупщхэр, абыхэм я джэдыкӀэ, хупс, хьэндырабгъуэ жьгъейхэм я щыгъыныхьхэр.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.