Аштрамхэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Magnoliophyta
ХэкӀ: Magnoliopsida
ХэкӀыгъуэ: Myrtales
Лъэпкъ: Lythraceae
Лъэпкъыгъуэ: Аштрамхэр
Латин цӀэр
Trapa
Linnaeus


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 27169
NCBI 22665

Аштрамхэр (лат-бз. Trapa) — лӀэужьыгъуэ зыбжанэу гуэша, псыхэкӀыкӀ къэкӀыгъэ лъэпкъыгъуэщ.

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Я лъабжьэ псыгъуэхэр м 1-2-кӀэ йокӀыхри псылъэгум хокӀэ. Я тхьэмпэхэр хуэплӀимэ щӀыкӀэщ, дзэ яӀэщ, см 2-4 я инагъщ, тхьампэкӀэхэр гъумщ, см 3-5 я кӀыхьагъщ, шэрыбым ещхьу жьы иубыдапӀэ яӀэхэщ. Мис абы папщӀэ къэкӀыгъэхэр псы щӀыӀум есу телъщ. См 0,5-1 нэхъ зи мыинагъ гъэгъа хужьхэр гъэмахуэм къыпедзэ.

КъыздэкӀыр зэгъэзэхуэжын

КъэкӀыгъэр псыпцӀэхэм, псхъуэхуэмхэм, псыинэхэм къыщокӀ. Къаукъазым къыщыкӀ аштрамхэр илъэс зыбжанэкӀэ мэпсэу.

Къэгъэщхьэпэгъуэр зэгъэзэхуэжын

БжьыплӀ зытет дэм ещхь жылэхэр, хъуа нэужь, шхыныгъуэу къагъэщхьэпэрщ.

ЛӀэужьыгъуэхэр зэгъэзэхуэжын


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.