АӀуей
АӀуей | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Rhododendron luteum Sweet | ||||||||||||||
|
АӀуей (лат-бз. Rhododendron luteum) — гъурц лъэпкъыгъуэщ, илъэс бжыгъэкӀэ къэкӀ.
Теплъэр зэгъэзэхуэжын
И лъэгагъыр м 2-м нос. Гъатхэм кӀасэу, тхьэмпэхэр къимыщӀ щӀыкӀэ, гъэгъа гъуэж инхэр гъурц щхьэкӀэм, къудамэхэм къапедзэ. И тхьэмпэхэм кӀы кӀэщӀ яӀэщ, хъурей-кӀыхьщ, см 5 я кӀыхьагъщ, см 2-3 я бгъуагъщ.
КъыздэкӀыр зэгъэзэхуэжын
Къущхьэхэм деж: мэкъупӀэхэм, хъупӀэхэм, мэз лъапэхэм гуэрэнышхуэу къыщокӀ.
Къэгъэщхьэпэгъуэр зэгъэзэхуэжын
АӀуейм щхъуэхь хэлъщи, Ӏэщым яӀухуэ хъуркъым, бжьэхэм абы къыхаха фоми щхъуэхь хэлъщ. АӀуей зыхэлъ мэкъур Ӏэщым яшхыркъым. Гъэгъахэм, уи щхьэр ягъэузу, мэ къакӀэрех. Адыгэхэм абы и лъабжьэр гын/хущхъуэ щащӀкӀэ къагъэщхьэпу щытащ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын
Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.