Беслъэней (къуажэ)
Беслъэне́й — Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз къедзыгъуэм хэт къуаджэ. Инджыджышхуэ и ижьырабгъу лъэныкъуэ Ӏуфэм Ӏут. Краснодар къэралым и гъунапкъэдыдэм Ӏухьу.
Къуаджэ
Беслъэней
|
ЦӀэр зэгъэзэхуэжын
1920 гъэхэм Тхьэстыкъуей къуаджэм и цӀэр Беслъэнеуэ зэрахъуэкӀ комунизмым къыхэкӀыу (пщыхэм, лъакъуэлъэшхэм я унэгъуэцӀэхэр къуаджэхэм трахын кӀадзэ). Ӏэташъхьэм япэреуэ джылэм хуадэкъым къуаджэм Беслъэней фӀашъыну, Къанокъуэ Беслъэн ицӀэкӀэ фӀашъу ягугъу, ауэ джылэр къимыкӀуэту «адыгэ лъэпкъым и зы къудамэ дызщыщым и цӀэ джоуэ» къуаджэм Беслъэней траӀуэ.
Тхыдэр зэгъэзэхуэжын
Иджырей Беслъэней къуаджэр щыхалъхьар XIX лъэхъэнэм и етӀуанэ Ӏыхьэм.
Къуаджэр зеуэ щытар Тхьэстокъуэ Азнэур. 1844 гъэ нэгъунэ къуаджэр Абэшыр и ӀэхъупӀэ тхым и гъунэгъу хэта, Уэрпым Булваркэ псыр здыхэлъадэм дежь[1]. Яужым къуаджэр Урысей ӀэнатӀэм УэрпымкӀэ нэхъ ирегъэхри егъэтӀыс Отраднэ станицэм игъунэгъу, илъэс зытӀущ текӀауэ къуаджэр Джан-Джол бгым идежь ягъэтӀысыр, къуаджэм и щысыпӀэр Урысей Ӏэташъхьэм ирэ зэрахъуэкӀа, иджырей и щысыпӀэр ебгъуанэ мэхъур.
Иджырей Беслъэней къуаджэм хьэблищ зхиубыду щыт, ахэр: Богупсей (къуэджапшъэ), Тхьэстыкъуей (къуэджэку/къуэджэкӀэ), Тэркъаней (къуэджэкӀэ). Къуаджэр щагъэтӀысым беслъэнейхэм щымыхъукӀэ абазэ, нэгъуей, къэбэрдей унагъуэхэри хагъэтӀысхьа.
ЕДЗ-м и зэманыгъуэр зэгъэзэхуэжын
1942 гъэм и шышъхьэӀум Адыгэ аутоном къедзыгъуэм гъогу пхырыкӀт Курджы ССР-м кӀуэуэ, абымкӀэ Ленинград блокадэм хэтам сэбийхэр ирачу. Беслъэней къуаджэм ипэмыджыжьу гъогум ирикӀуэ зы гу къэувэӀа, 32 сэби ису, тхьэмахуэ бжыгъэкӀэ гъогу тета сэбихэр нэхъыбу сымаджэхэт, куэдыр хьэлъу. А хъыбарыр кӀэху къуаджэм нэса, джылэр зэхуэсри унафэ яшъа сэбихэр унагъуэ-унагъу зэбгыраху къуаджэм къагъэнэн.
Сэбихэр къуаджэ-тхылъым иратхахэ я цӀэ-унэгъуэцӀэхэр зэрахъуэкӀри, джэрмэн къынэсхэм щахъумэным шъхьэкӀэ.
Абым папшъу 2010 гъэм, нэкъыгъэм и 7, Беслъэней къуаджэм сын зэӀуаха.
Джылэр зэгъэзэхуэжын
Дылу къуаджэм дэсыр 3, 175 цӀыху (2002 гъ.)[2]
Абым, лъэпкъкӀэ:
Къуаджэм щыщ цӀэрыӀуэхэр зэгъэзэхуэжын
- ГъукӀэкъул Нашхъуэ и къуэ Даут — револуциэм хэта, щӀэныгъэлӀ.
- Эскиндар Абдурэхьман и къуэ Мухьэмэд — Урысей Финансым и Академиэм и ректор.
- Охътэ Джамырзэ и къуэ Александр — Адыгэм я културэ-лъэпкъыгъуэ автономиэм и тхьэмадэ.
Гулъытыгъуэ зэгъэзэхуэжын
- ↑ С.Х. Хатко. Бесленей — мост Черкесии. Нап. 364/367. Мыекъуапэ. 2009 гъ.
- ↑ Этнокавказ. Къ-ШР-м лъэпкъ дэсхэм я бжыгъэхэр, джылэбжыгъэ 1926-2002 гъэхэмкӀэ