БзукӀэплъ
БзукӀэплъ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Жькъан лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: БзукӀэплъхэр
ЛӀэужъыгъуэ: БзукӀэплъ
Латин цӀэр
Phoenicurus phoenicurus Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр
    щӀымахуэр здырихыр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 562037
NCBI 121423

БзукӀэплъ (лат-бз. Phoenicurus phoenicurus) — жыкъан лъэпкъ, бзукӀэплъ лъэпкъыгъуэщ.

Phoenicurus phoenicurus phoenicurus

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

Унэбзум хуэдизщ. Теплъэр зэмыфэгъу дахэщ. КӀэ плъыфыбзэр дэкъикъэ къэс еутхыпщӀ, апщыгъуэми мафӀэ бзий къыкӀэщӀих къыпщохъу. КӀэцӀыгъуэм хъум и щхьэмрэ тхыцӀэмрэ щхъуэ-фӀыцӀафэщ, натӀэхущ, дамэхэр гъуабжэщ. КӀэр, бгъэгур, ныбэ щӀагъыр, джабэр плъыжь фӀейфэщ. Жьэгъур, хулъэр, нэхэм я къэухьымрэ жьэгъу щӀагъымрэ фӀыцӀэщ. Анэхэм я теплъэр нэхъыщхьэу гъуабжэщ, кӀэр гъуэ-плъыфэщ.

Здэпсэухэмрэ шэнымрэ зэгъэзэхуэжын

УэрэджыӀэрейщ — пщэдджыжьым жьы дыдэу (сэхьэтыр 2-3-м) адрей мэз бзухэм япэ къыщӀедзэри зыщиущэхужыр жэщыр хэкӀуэтауэщ.

Къэрал куэдым щыӀэщ, мэзхэм, жыг хадэхэм щопсэу. Къаукъаз бзукӀэплъхэр мэлъэтэж. Абгъуэ щащӀ жыг гъуанэхэм, мывэ зэтелъхэм, бжьыхьэкӀапэхэм, къинэмыщӀ щӀыпӀэхэм. Гъэм тӀо къыраш.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.