Бофорт Хы
Бофорт Хы (ин-бз. Beaufort Sea, фр-бз. mer de Beaufort) — Ишхъэрэ Америкэм и ишхъэрэ-къухьэпIэ Iуфэм Iулъ, Арктикэ Хышхуэм хиубыдэ хы.
Бофорт Хы | |
---|---|
Здыхэтыр: | Арктикэ Хышхуэ |
Инагъыр: | 476 000 км² |
Кууагъ нэхъ иныр: | 4 683 м |
Кууагъ курытыр: | 1 004 м |
Псы хэлъадэхэр: | Маккензи |
![]() |
ХэкумэтхEdit
Хыр Ишхъэрэ Америкэ и ишхъэрэ Iуфэм Iулъщ, АШЗ-м и штат Аласкэрэ Канадэм и щIыпIэ Ишхъэрэ-КъухьэпIэмрэ Йуконымрэ я зэхуакум деж. Хым и къуэкIыпIэ лъэнукъуэмкIэ къыбгъэдохьэр Канадэ Арктикэ архипелагым и къухьэпIэ Iыхьэр. Хым и цIэр фIищащ 1826 гъэм инджылыз поляр лъыхъуакIуэ Джон Франклин, гидрограф Френсис Бофорт и фэеплъу.
Хым и инагъыр — 476 000 км² мэхъу, и кууагъ нэхъ иныр 4 683 метрэм нос, кууагъ курытыр 1 004 метрэ мэхъу.
Хым и шууагъыр 28 — 32 промилхэм нос, и температурэр щIымахуэм 0°С тетщ, гъэмахуэм +4°С нэс фIэкI дэкIуейкъым. Хым и псыщхьэм и нэхъыбапIэр илъэс псом мылм зэщIищтауэ щытщ. Iуфэм 50-100 километрэкIэ Iулъ псы тIэкIуращ гъэмахуэм къэвыжыфыр.
АШЗ-мрэ Канадэмрэ я гъунэ зэхуакум дэлъ хы Iыхьэм щхьа къэралитIыр куэд щIауэ зоныкъуэкъухэр, абы щIэлъ дагъэр я IэмыщIэ илъын щхьа.
Псы хэлъадэхэрEdit
Хым хэлъадэ псыхэм нэхъ ин дыдэр Маккензи псыращ, ар хым щыхэлъадэ пIэм деж хыжьэ бгъуэшхуэ къегъэхъу, тIыгу шыкъуей куэд къыхэщу. А псым и фэеплъу, хыжьэми Маккензи и цIэщ. Илъэс къэс Маккензи хым къихехьэр миллиуан 15-м щIигъу, зэхэлъэлъа материалхэр. Абы нэмыщI хым халъадэ псыхэм нэхъ инхэщ Андерсон, Кугалук, Конгакут, Хулахулэ, Сагаварникток, Икпикпук икIи нэгъуэщIхэри.
Абыхэм нэмыщI хы Iуфэм деж, хылъэ Iэджи Iутщ. Хым и уэрхэм циклон къекIырэхъуэкIхэр къагъэхъухэр. А циклонхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ а щIыпIэм.
ЩIыпIэ къулеягъхэрEdit
Хым и нэхъыщхьэ ресурсу щытыр дагъэ фэтыджэн, шелфым телъыращ. Япэу хыр къыщаплъыхьар 1960 гъэхэращ, япэ дагъэщIэху платформэр 1986 гъэм тращIыхьащ.
Хым и экосистемэрEdit
Хыр, Амундсэн хыжьэм игъусэу и цIэджэгъу хы экосистемэм хохьэр. Хым къызэраплъыхьамкIэ 70 щIигъу фитопланктон зэмылIэужыгъуэхэр хэсщ, ауэ абыхэм я бжыгъэр куэд хъукъым. Абыхэм нэмыщI хым хэсхэщ 80 щIигъу зооплактон зэмылIэужыгъуэхэр.
Хым Iуэхугъэ куэд зэрырамыгъэкIэкIым и фIыгъэкIэ, абы куэду хэсхэщ джейхэр, белугэхэр. Хы Iуфэм гъэмахуэм Iузу Iусхэщ бэбыщхэр, къазхэр икIи нэгъуэщI къуалэбзухэр. Хым мыл зэтелъ Iыхьхэм мыщэхужьхэм къыщакIухь.