Джеймс Станислау Белл - Британиэшхуэм щыщ бизнес-пащэрэ тхакӀуэу щытащ, Урыс-Адыгэ зауэм адыгэхэм я лъэныкъуэкӀэ хэтауэ. АбыкӀэ и ужькӀэ Адыгэм щиплъэгъуахэм теухуауэ итхыжащ. СатуущӀэ зищӀурэ, ар адыгэхэм Урыс пащтыхьыгъуэм зэрыпэщӀэтым дэӀэпыкъуащ.[1]

Джеймс Станислау Белл
Къыщыхъуар: 1797 мазаем и 8(1797-01-08)
Дунейм щехыжар: 1858 гъатхэпэм и 16(1858-03-16) (61 гъ.)
Диныр: Чыристэныгъэ (Чристэн диным итми, ислъам диным пщӏэ хуищӏырт, икӏи а пщӏэм къыхэкӏыу фадэ ефэртэкъым, нэщӏи иӏыгът нэщӏмазэм. Нэмэзи ищӏу щытагъэнкӏи мэхъу)
Лъэпкъыр: Инджылыз е Искоч
Данди

Джеймс Белл 1796 гъэм Шотлэндым и къалэу Данди къыщалъхуащ.[2] И адэр Уилям Белл, и анэр Аннэ Янгт.[3][2] Ар сатуущӏэу и гъащӏэр ирихьэкӏащ. Сату ӏуэхукӏэ дунейм и щӏыпӏэ зэмылӏэужьыгъуэхэм кӏуащ. И сату гъуэгуанэхэм ящыщ зым Адыгэ Хэкум къэкӏуащ икӏи Адыгэ лъэпкъым я щхьэхуитыныгъэм щӏэбэн бэнэныгъэм гу лъитащ. Адыгэхэм зэрыхузэфӏэкӏкӏэ защӏигъэкъуащ. Адыгэ Хэкум Ӏэщэрэ гынрэ хуэдэ хэкӏыпӏэхэр къыхуришащ.[1] Урыс къэрал тхыгъэхэм къызэратымкӏэ, ар инджылыз тӏасхъэщӏэхыу щытауэ жаӏэ, ауэ абы и щыхьэт гуэри къагъуэтакъым. Чристэн диным итми, ислъам диным пщӏэ хуищӏырт, икӏи а пщӏэм къыхэкӏыу фадэ ефэртэкъым, нэщӏи иӏыгът нэщӏмазэм. Нэмэзи ищӏу щытагъэнкӏи мэхъу.[1]

Гулъытэгъуэ

зэгъэзэхуэжын
  1. 1.0 1.1 1.2 Journal of a residence in Circassia during the years 1837, 1838 and 1839. Vol. 1-2. London, 1840
  2. 2.0 2.1 Akbaş, Taner (31 Ocak 2020). Travel literature as a political act: Discourse historical analysis of james Stanislaus bell`s journal of a residence in circassia
  3. "Family tree of James Stanislaus Bell"