КӀыру
КӀыру | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Carduelis flavirostris Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
КӀыру (лат-бз. Carduelis flavirostris) — унэбзу хэкӀыгъуэм, бзупэгъум лъэпкъым щыщщ.
Теплъэр
зэгъэзэхуэжынЯ теплъэкӀэ кӀырур бзухьэкӀэм ещхьщ. И кӀыхьагъыр см. 13-щ хуэдизщ. БзухьэкӀэхэм ялъытамэ я бгъэм ӀэпапӀэ плъыжьхэр хэскъым. И пкъы псом гъуабжэ кусэхэр ирокӀуэ. И щӀагъымкӀэ нэхъ нэху мэхъур, хужьыфэм нэсу. И пэр гъумщ, щӀымахуэм гъуэжьыфэщ, гъэмахуэм щӀыхущ.
Здэпсэухэр
зэгъэзэхуэжынЕуропэм и ищхъэрэ лъэныкъуэхэмрэ Азиэ Курытымрэ щогъуалъхьэ. ЛӀэужьыгъуэм и Ӏэхьэ гуэрэ лъэтэжкъым, ауэ я нэхъыбэр мэӀэпхъуэ ипщэ лъэныкъуэм хы Ӏуфэ хуэбапӀэхэм. Здигъуалъхьэхэр тафэ нэщӀ псыпцӀэхэм, абгъуэр чыцэм щащӀщ.
ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэхэр
зэгъэзэхуэжын- Acanthis flavirostris flavirostris - Еуропэм щыщ (Скандинавиэ, Лапландиэ)
- Acanthis flavirostris brevirostris - Каукъазым щыпсэу (Къаукъаз, Къажэрым и ищхъэрэ-къухьэпӀэ лъэныкъуэ, Азиэ ЦӀыкӀу)
- Acanthis flavirostris korejevi - Азиэ Курытымрэ Ипщэ Сыбырымрэ.
- Acanthis flavirostris kirghizorum - Къазахъстэным и щӀыпӀэ Хы Каспийрэ Хы Аралымрэ я зэхуакум дэлъыр, щӀымахуэр Туркменистэным щырехщ.
- Acanthis flavirostris pamirensis - Памир къущхьэхэм щыпсэу.
- Acanthis flavirostris montanella - Азиэ Курытым и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм зиубгъуа.
- Acanthis flavirostris altaica - Монголым и ищхъэрэ-къухьэпӀэ лъэныкъуэм къыщыщӀэдзауэ ипщэ Алтайм нэс щопсэу.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
зэгъэзэхуэжын- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.