Хьэщ
Хьэщ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
ХэкӀ: ШэрыпӀхэр
ХэкӀыгъуэ: ЩакӀуэхэр
Лъэпкъ: Джэдухэр
Лъэпкъыгъуэ: Пантерэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Хьэщхэр
Латин цӀэр
Panthera leo
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 183803
NCBI 9689

Хьэщ иэ Лиуа́н иэ Аслъэн (лат-бз. Panthera leo) — класс лӀэужъыгъуэ чэрыпӀхэм ящыщ, шъакӀуэ лъэныкъуэгъу, джэду лъэпкъэгъу, пентерэ унагъуэм хэт лъэпкъитӀым и зым щыщ. Хьэщыхъу хуиту псохэр я хьэлъагъкӀэ 225 кг носхэ, макӀыу 250 кг фӀэкӀыуи щыӀэхэ.

Ӏэплъэпкъыр зэгъэзэхуэжын

Хьэщхэр псэушъхьэ шъакӀуэ мыкуэдым, зэшъхьэщыкӀыгъуэ хъухэмрэ бзыхэмрэ зиӀэхэм ящыщхэ. Хьэщыхъу зэфӀэувахэм я шъхьэм цыр Ӏуву куэду ятет, я инагъымкӀи бзыхэм куэду яшъхьэщокӀхэр. Хъухэм я шъхьэцыфэр тӀууэ зэшъхьэщокыр къуафцӀу иэ нэхъ хуэсырыху. Гупшысыгъуэ щыӀэ хьэщ сырыхухэр къуафцӀэхэм нэхърэ шэнкӀэ шъэху, хому щытху, ауэ акъылкӀи къуафцӀэхэм ялъэкӀэмыхьэху[1]. Африкэм и лъэныкъуэ гуэрэхэм хъухэр шъхьэцыншэхэ. Эволуциэм и тӀуанэ къыхэкӀыгъуи ар щытыфыну, удз лъагэ гъуам нэхъ шъэху ешъакӀуэфыным хуэгъэсэбэпыгъу. Апхуэду цӀэрыӀуэ хьэщитӀ-цӀыхушх Кениэм щыщхэтэм шъхьэц ятеттэкым. Езы кӀыфэм тет цыр кэкӀыу щыт, и фэр джэбашъхьэмкэ гъуэжьу иэ гъуэплъу щытыфыну, ныбэм дежькӀэ хужьу хъууэ. КӀапэм и кӀэм цы уву кӀышъэ сурэту ятет. Хъухэм я хьэлъагъыр 150 кг щыкӀэдзауэ 225 кг носыр, кӀыфэм и кӀыхьэгъыр (кӀапэр хэмыту) 170-250 см, кӀапэр - 90-105 см, лъэгагъыр - 123 см хуэдиз.

Хъухэм я хьэлъагъыр 20-27 % къохъур бзыхэм ям нэхърэ. Бзыхэм я хьэлъагъыр 120-182 кг хуэдиз мэхъур. КӀыфэм и кӀыхьэгъыр 140-175 см, кӀапэм - 70-100 см. Лъэгагъыр 107 см хуэдиз мэхъу.

Хъыбар къаӀохуауэ щыӀэ хьэщ 272 кг хъууэ яукӀауэ. Нэхъ хьэлъэдыду яукӀатэр 1936 гъэм Трансваал дежь, абы и хьэлъагътэр 313 кг. Ӏэсу яӀыгъ псэушъхьэхэр нэхъыбэм нэхъ ину щытхэ хуиту псохэм ялъытамэ, апхуэду 1970 гъэм Лондон и зоом къалъыта рекорд хьэщхэм я хьэлъагъкӀэ - 375 кг. Хьэщ нэхъ кӀыхь дыдэр 3,3 метрэм нэст.

Индиэ хьэщым и хьэлъагъыр нэхъыбэм 160-190 кг хъухэм, 110-120 бзыхэм, макӀыу 220 кг хъухэр щынэси щыӀэ, бзыхэр 150 кг. Я шъхьэцыр Ӏуву щыткъым адрейхэм яхэм хуэду, икӀи убэлэцакъым и кӀифэм тежьауэ щыт. Мы лӀэужъыгъэри и ӀэплъэпкъкӀэ нэхъ зыӀэкӀэлъу, ечэхауэ щыт, абым шъхьэкӀэ гъуащу куэдым гупшысыгъуэ яшъыр африкэм щыщ хьэщхэм нэхъри нэхъ цӀыкӀуху. Нэхъ кӀыфэ кӀыхь дыду къалъытауэ щытар индиэ хьэщхэм - 2, 92 м.

Шэныр зэгъэзэхуэжын

 

Хьэщхэм я псэукӀэр адрей джэдуушхуэхэм ям ехьчкъым. Унагуъэ гупышху прайду зэхэсхэ. ШакӀуэхэри чырхэри зыпӀыр нэхъыбэм бзыхэра, хъухэм я хапӀэр здисхэр яхъумэ. Бзыхэм шъхьэкӀэ зэзэуэну хъухэр зэпэувэмэ нэхъыбэм зэзауэхэм ящыщ гуэрэр хокӀуадэ. Прайд гуэрэхэр зы псэушъхьэ закъуэхэм нэхъ ешъакӀуэхэкъым (хьэщ пылхэм ешъакуэ къуэде щыӀэ). Хьэщыхъу зэфӀэувам зэшхыгъу 18 кг лыуэ хуэхъуфыну, пэмыкӀ къэлъытэгъуэкӀэ 31 кг хуэдиз[2]. ЗэфэкӀыгъуэ яӀэмэ пэмыкӀ джэдухэр яукӀ иэ гиенэхэр.

Хьэщхэр губгъуэхэмрэ саванэхэмрэ щопсохэ, зэщъакӀуэхэр псэушъхьэ инхэм, нэхъ кӀасу былымым. Псэушъхьэ инхэр (хывхэр, хъирафхэр) къэубыдынымкӀэ къашъхьэпӀэр гуп псоукӀэ зэраӀэра. Хьэщыбзхэр зэхокӀхэри пӀэ яубыд псэушъхьэ зым игъэщтам адрейхэр зэртеуэным хуэду. Илъэсихым идежь хьэщыр ӀэплъэпкъкӀэ зэфӀэува мэхъур.

Хьэщыбз-теуэ щыэ, псэушъхьэ зэшъакуэм гъунэгъу кӀэкӀокӀуасэри яужым тоуэ, псэушъхьэ яубыдын ягугъэр гупыр гъэпшкӀуауэ здыхэс лъэныкъуэмкэ иху. Хьэщыхъур ящыдэӀэпыкъур псэушъхьэр ин Ӏэуэ щытмэ, къэру куэд щыхуэныкъуэнухэм дежь.

Джэщ хъумэ шъакӀуэгъуэ шэныр зэрахъуэкӀ, хьэщыбзхэр зыр зым яуж иту кӀынфӀым хохьэхэри былымгупыр къахъуреихьыр. Хьэщыхъухэр яхэтмэ зэрдэӀэпыкъур зытӀущ ину мэгъуахъуэри былым псэушъхьэхэр егъащтэри ехур хьэщыбзхэр здыхэс лъэныкъуэмкӀэ.

 

Зебрэхэмрэ гнухэмрэ куэду щыщэӀэм, хьэщхэр абыхэм нэхъ яшъакӀуэкъым. МахуитӀ-махуищым зэ нэхъ шхэкъым хьэщыр, ауэ тхьэмахуэ зытӀущи мышхэфу щытыфыну. Гъаблэ Ӏэр къыщахуэкуэр псэушъхьэ куэчыгъэр губгъуэхэм щыкӀидзэм де. Апхуэдэм хьэщыбз чыр чэрыпӀ зиӀэр изакъу къэнэфыну былым гупхэр куэчу щыхэкӀым абыхэми яужу прайдри макӀуэхэ.

хьэщхэм яубыда псэушъхьэм и лыр зэхэгъэзыхьэуэ хабзу щыту яшхыр. Япэреуэ ныбэр зэгуатхъри гур, нэгъур, жъэжъейр яшх, яужым лыпцӀэмрэ фэмрэ яшхыр. Адрей шъакӀуэпсэушъхьэхэм ялъытамэ хьэщхэм лыр хуабу щытыхукӀэрэ щашхыр, ушӀыӀуа лыр ямышху къагъанэ. хьэщыхъу нэхъышъхьэр япэреуэ машхэ, шъакӀуэным хэмытами. Шхын куэду щыгъуэтым идежь, и ныбэр изу щытмэ пэмыкӀ хьэщхэри дэшхэфыну, армырамэ адрейхэр ежэн хуэй и ныбэр иригъэкъухукӀэ абы яуж къуэдей я Ӏэхьэр щалъысыр. хьэщ чырхэр псом яуж щышхэхэр, згуэрэ къахуэнэмэ, хьэщыхъу нэхъышъхьэр абым щыкӀэлъыплъ щыӀэ, чырхэм Ӏэхьэ гуэрэ къахуэнэным шъхьэкӀэ.

хьэщхэр есауэ щытхэ шхын бэуэ щагъуэти хъууэ гъаблэ къыщыкӀуэ зэманэгъуи хъууэ, абым шъхьэкӀэ шхын щагъуэтым идежь яшхыфу я ныбэм ихуэм хуэдиз яшхыр. Зи ныбэ ирикъуа хьэщыр женыбашхъуэ мэхъур, прайдыр жейн зэрыгъуэлъым хуэду къалыжьа шхыным идежь зэхосхэр хьэӀуцыдзхэр, дзэлыкъуэбгъхэр, гиенэхэр. Жьауэ ягъуэтмэ хогъуалъхьэхэри абым щожейхэ хьэщхэр иэ удзым хогъуалъхьэхэр, джэщ-махуэм сэхьэт 20 хуэдиз я жейным ехьэр[3].

Прайдыр зэгъэзэхуэжын

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Прайд

хьэщхэр шъакӀуэ псэушъхьэхэм ящыщ унагъуэ гупу псоуэ, гупым зэреджэр прайд. Прайдым хэтхэр - хьэщыхъу нэхъышъхьэ, хьэщыбз зытӀущ, абыхэм я чырхэр джоуэ. Бзыхэр шъакӀуэным пылъхэ прайдыр ягъэшхэным шъхьэкӀэ, хъум я хапӀэр ехъумэ. ЗэрыхъумкӀэ хьэщыхъум чырхэр епӀыр, хъухэр ныбджкӀэ щызэфӀэувэм идежь прайдым ирехухэ, бзы зэфӀэувахэр хуэмэ езыхэр хокӀхэр прайдым.

Язакъу псо хьэщыхъухэр куэд къагъэшъкъым, прайд убыдыным яуж иту зауэхэм хохьэхэри хокӀуадэхэ, я кӀэлэгъуэмрэ я инагъымрэкэ я къэру къимыхьу. хьэщыхъу ихуахэм кӀырахуар къагурымыӀу прайдым къагъэзэжьми я адэм иукӀыфынухэ. Апхуэдэ зэхэтыкӀэр зэрышъхьэпэр быныр хьэщыхъу псом нэхъ къэрууфӀэм къыхэкӀыным шъхьэкӀэ. хьэщыхъукӀэм прайдыр зэриубыдыфынур илъэс зытӀущ изакъуэ псоуауэ шъакӀуу, и къэрур зэфӀэувауэ щытмэ. МакӀыу хьэщыхъухэм хьэщыбз езыхэм хуэдууи шъхьэхуту изакъу къагъуэтри езыхэм яуэ кӀэуэ прайд яшъыр.

Зэрзэпыхьэхэмрэ зэрзэфӀэувэмрэ зэгъэзэхуэжын

 

Зэпыхьэгъуэм идежь хьэщхэр шъабэ-шъабу зэхущытхэ ауэ икӀэм идежь хьэщыбзым и шэныр псынкӀыу зэӀохьэ куэдым Ӏохур зэзауэным нигъэсу. хьэщыхъу нэхъышъхьэр бзым похьэ абым хуэхьэзыру щытым, дэкъикъэ 20-30 къэс яуж ихьу, апхуэду сэхьэт бжыгъэкӀэ йокӀуэкӀ (махуэм 30-40 хуэдиз къэхъу). Щызэпыхьэм дежь хьэщыхъум бзым и пшъафэр и дзэхэмкӀэ еубыдыр, джэдууэ хъуам зэрахабзу.

Зэпыхьэгъуэм яуж мазищрэ ныкъуэрэ текӀауэ псэф хьэщыбзыр прайдым лъхуэным зыхуегъэхьэзыр, лъэныкъуэ шъэху къэгъеэт пабжъу, удзу зэкӀэкӀауи абдежьым малъхуэ. хьэщ чырхэр нэфу, Ӏэрызехьэдыду къохъухэ. Я цыр къуэлэну щыт, хэхъуэхукӀэрэ къуэлэныгъуэр яхокӀыжьр я цым (зэзэмызэкӀэ хьэщ зи цы къэлэну къэнаи щыӀэ)[4]. хьэщхэм я чырхэм я ныкъуэ къуэдера къанэр цӀыкӀуху хэмыкӀуаду.

Быдзычэм мэзих мэзиблым нэмысыхукӀэрэ кӀэсхэ чырхэр, яужым лы къуэдей яшхыр.

МэзитӀ хуэдиз щирикъуэм чырхэр прайдым хохьэхэ.

хьэщхэр зэфӀэувауэ къэлъытэ щыхъунур илъэситху щырикъуам идежь, а ныбджым хьэщыр нэхъ къэрууфу щыщытыра.

Хабзэ зэхэтыкӀэр зэгъэзэхуэжын

хьэщыхъу нэхъышъхьэм и прайдым иубыд хапӀэм и гъунапкъэхэр и гъутхьэпсыр триутхурэ пӀэ ешъыр, абым щымыхъукӀэ адрей хамэ хьэщхэм и гъуахъуэнымкӀэ ярегъашъэ шӀыпӀэр абым еуэ зэрыщытыр. Апхуэду шэныр зэрыщытыр зэпхар хьэщыбзхэм пэмыкӀ хьэщхэр пэмыхьэн шъхьэкӀэ, бзыхэр здэшъакӀуэ шӀыпӀэр амалыншу езым еуи къелъытэ.

хьэщыкӀэ иэ зытущ гуэрэ, пэмыкӀ хьэщым и шӀыпӀэм екъуэкъун кӀадзэмэ амал хэмылъу абым зауэ къыхокӀ. хьэщыбзхэрамэ сыт къэмыхъуауэ хаму пэмыкӀ бзы гуэрэм прайдым хэхьэн гугъэ ишъмэ а сэхьэту хапӀэм ирахур.

ЛӀэужъыгъэхэр зэгъэзэхуэжын

 

Дунем хьэщхэм щыщу лӀэужъыгъэ бжыгъэ тет, я инагъкӀэ шъхьэц сурэтымкӀэ, фэмкӀэ зэшъхьэщыкӀху. ЛӀэужъыгъу хъуар зым щымыхъукӀэ Африкэм щопсохэ Сахара пшэхъуалъэм ипшъэ лъэныкъуэм щыкӀэдзауэ.

Пэсырей дунем темытыжь лӀэужьыгъэхэр зэгъэзэхуэжын

Лъы зэхэт зэгъэзэхуэжын

хьэщхэр пэмыкӀ джэуушхуэ пантерэ лъэпкъым щыщхэм япыхьэфынухэ, чыр Ӏэми ягъуэту.

  1. Леогрис (Panthera leogris) - хьэщымрэ къаплъэныбзымрэ къыхэкӀыр. И сурэткӀэ хьэщышхуэ хуэду щыт и фэр къуэлэну. Иджырей джэду дунем тетхэм я нэхъ ин. Леогрисыхъухэм я шъхьэцыр кӀэкӀыу щыт. Леогрисыбзхэр бын бэуэ ягъуэтыфыр, хьэщыхъухэми къаплъэныхъухэми пыхьэфынухэ. И сурэткӀи и инагъкӀи мы «лӀэужъыгъэр» бгъуэнкагъ хьэщым ехьч.
  2. Тигрео (Panthera tigreo) - къаплъэнымрэ хьэщыбзымрэ къахэкӀыр. ЗэдэкӀыгъу янэм къыхэкӀауэ уэгу щытыфыну ядэм еуи къуэлэну. Хъухэм шъхьэц кӀэкӀ ятет мэхъу. Тигреобзхэми бын бэуэ ягъуэтыфыр, хьэщыхъухэми къаплъэныхъухэми пыхьэфынухэ. Тигреохэр я адэ-анэхэм нэхъри нэхъ цӀыкӀу щытхэ, я хьэлъагъкӀэ кг 150 хуэдиз мэхъухэ.
  3. Леопон - щомышъыхъумрэ хьэщыбзымрэ кахэкӀыр. СурэткӀэ хьэщ мы иным ехьч, и фэр уэгу щыту ( и инагъкӀэ хьэщым нэхъри нэхъ цӀыкӀу ауэ щомыщым нэхърэ нэхъ ин). Я кӀапӀэм чышъэ иӀэ, леопоныхъуэм шъхьэц кӀэкӀ ятет.

Апхуэдэ лъы зэхэтыр Ӏэсу яӀыгъ къуэдейхэм яде здэхъур, лӀэужъыгъуэ зэщымыщхэр зэпэкӀэху здызэсэфыну хуэду щытым. Хуиту псохэр апхуэдэм екӀуэлӀэфынукъым шӀыпӀэ псэукӀэмрэ шэн щытыкӀэмрэ шъхьэкӀэ.

Тхыдэр зэгъэзэхуэжын

 
Ласко бгъонкӀагъым щыщ пэсырей тхыгъэ. БгъонкӀагъ хьэщ

Лъэшдыду хьэщ лъэпкъхэр щызэфӀэувахэтэр плейстоцен зэманыгъуэм. 100-10 мин илъэскӀэ узэӀэбэкӀыжьмэ абыхэм нэхъыбэдыду шӀыпӀэ яубыдт шэрыпӀ дунем тету хъуам елъытамэ. ЛӀэужъыгъэ зэщымыщхэр Аласкэмрэ Юконэмрэ къыщыкӀэдзауэ Ишъхъэрэ Америкэм Перум нэс Ипшъэм, Еуропэ псом, Азиэм Сыбырым нэгъунэ, Африкэм и шӀыпӀэ нэхъыбэм. Ипшъэ Америкэм хьэщхэр илъэс минипшъкӀэ узээбэкӀыжьмэ кӀуэдахэ.

Пэсырей лъэхъэнэхэм хьэщхэр Африкэм и ипшъэ гъунапкъэхэм, ишъхъэрэ лъэныкъуэ псом исахэ, абым пэмыкӀыу КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъу псом, Индиэм нэгъунэ, абдем къэралым и ишъхъэрэ лъэныкъуэ псом исахэ, пшахъуалъэхэм щыпсоуахэт, Еуропэм Балкан хы тӀыгуныкъуэм щыпсоуахэ. Еуропэ лъэныкъуэм хьэщхэр етӀуанэ лъэхъэнэм хэкӀуэдахэ, пэмыкӀ лъэныкъуэхэм XIX лъэхъэнэм икӀэм идежь хэкӀуэдахэ. Къажэрым 1940 гъэхэм нэгъунэ хьэщ зытӀущ исхэт иджыри, Индиэм я бжыгъэр 25 нэгъунэ нэсахэт, Гир мэзым нэхъ къэмынэжьаху, ауэ хъумэн ӀэнатӀэ тралъхьэри 1940 гъэхэм щыкӀэдзауэ я бжыгъэр къэлъытэгъу хэхъуа.

Джыпсту проэкт парк Плейстоцен ирагъэкӀуэкӀымкӀэ гупшысыгъуэ яӀэ Якутиэм хьэщхэр ирагъэхьэжьыну.

Гулъытыгъуэхэр зэгъэзэхуэжын

  1. Даррелл Джералд Псэушъхьэ-хапӀэ — М.: Армада, 1995. С. 386—387. ISBN 5-7632-0027-6
  2. Гржимек Бернхард. Африкэ псэушъхьэхэм дежь. — М. 1973. Н.78.
  3. М.Иди, Л.Бейес, Р.Карас, Т.Дозие, Дж. Гудерс, П.Трэчмэн, «Джэдухэр», М.: Терра, 1997 Н. 128
  4. Гржимек Бернхард. Африкэ псэушъхьэхэм дежь. — М. 1973. Н.65.

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын