НатӀэплъджэд
НатӀэплъджэд | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Porphyrio porphyrio Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
НатӀэплъджэд (лат-бз. Porphyrio porphyrio) — мэкъупӀэджэд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр зэгъэзэхуэжын
Псыджэдым и гъунэгъу дыдэщ, ауэ хьэпщӀыкӀыу нэхъ пӀащэ лӀэужьыгъуэщ. КъэщӀэгъуафӀэ дыдэщ: лъакъуэ лъагэ лъэщщ, лъэпхъуамбэ кӀыхьщ; пэ кӀэщӀ Ӏувыр, натӀэ цыншэр, лъакъуэхэр — плъыжьщ; адрей теплъэр — щхъуэ-удзыфэ лыдщ, кӀэ щӀагъым тэхуфэ къыщӀэуэу.
Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын
Щопсэу къамыл, чыцэ Ӏув лъагэ къыздэкӀ щӀыпӀэхэм — Хы Каспий и гъунэхэу Тэрч, Сулак, Артек я хэлъэдапӀэхэм. Апхуэдэуи — Еуропэ Ипщэм, Азиэм, Аустралиэм, нэгъуэщӀ хэгъуэгухэми. Зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀи 6-7-щ. Къуртыжыр нэхъыщхьэу анэращ, ауэ къишынымкӀэ адакъэри дэӀэпыкъуэгъу мэхъу. Адрей лӀэужьыгъуэхэм ялъытауэ зы щӀыпӀэм къыщизыш натӀэплъжэдхэр икъукӀэ зэрыӀыгъхэщ, бын пӀынкӀэ зэдоӀэпыкъу.
Ӏусыр зэгъэзэхуэжын
Ӏусыр къэкӀыгъэщ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.