Хьэщ версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Content deleted Content added
цӀ r2.7.1) (робот изменил: fo:Leyvur
цӀ робот удалил: sn:Shumba; косметические изменения
28 сатырыр
Хъухэм я хьэлъагъыр 20-27 % къохъур бзыхэм ям нэхърэ. Бзыхэм я хьэлъагъыр 120-182 кг хуэдиз мэхъур. КӀыфэм и кӀыхьэгъыр 140-175 см, кӀапэм - 70-100 см. Лъэгагъыр 107 см хуэдиз мэхъу.
 
Хъыбар къаӀохуауэ щыӀэ лиуан 272 кг хъууэ яукӀауэ. Нэхъ хьэлъэдыду яукӀатэр 1936 гъэм [[Трансваал|Трансваал]] дежь, абы и хьэлъагътэр 313 кг. Ӏэсу яӀыгъ псэушъхьэхэр нэхъыбэм нэхъ ину щытхэ хуиту псохэм ялъытамэ, апхуэду 1970 гъэм [[Лондон и зоо|Лондон и зоом]] къалъыта рекорд лиуанхэм я хьэлъагъкӀэ - 375 кг. Лиуан нэхъ кӀыхь дыдэр 3,3 метрэм нэст.
 
[[Индиэ лиуан|Индиэ лиуаным]] и хьэлъагъыр нэхъыбэм 160-190 кг хъухэм, 110-120 бзыхэм, макӀыу 220 кг хъухэр щынэси щыӀэ, бзыхэр 150 кг. Я шъхьэцыр Ӏуву щыткъым адрейхэм яхэм хуэду, икӀи убэлэцакъым и кӀифэм тежьауэ щыт. Мы лӀэужъыгъэри и ӀэплъэпкъкӀэ нэхъ зыӀэкӀэлъу, ечэхауэ щыт, абым шъхьэкӀэ гъуащу куэдым гупшысыгъуэ яшъыр африкэм щыщ лиуанхэм нэхъри нэхъ цӀыкӀуху. Нэхъ кӀыфэ кӀыхь дыду къалъытауэ щытар индиэ лиуанхэм - 2, 92 м.
 
== Шэныр ==
[[FileФайл:Pride of lions.JPG|thumb|left|220px|]]
Лиуанхэм я псэукӀэр адрей джэдуушхуэхэм ям ехьчкъым. Унагуъэ гупышху [[Прайд|прайду]] зэхэсхэ. ШакӀуэхэри чырхэри зыпӀыр нэхъыбэм бзыхэра, хъухэм я хапӀэр здисхэр яхъумэ. Бзыхэм шъхьэкӀэ зэзэуэну хъухэр зэпэувэмэ нэхъыбэм зэзауэхэм ящыщ гуэрэр хокӀуадэ. [[Прайд|Прайд]] гуэрэхэр зы псэушъхьэ закъуэхэм нэхъ ешъакӀуэхэкъым (лиуан [[Пыл|пылхэм]] ешъакуэ къуэде щыӀэ). Лиуаныхъу зэфӀэувам зэшхыгъу 18 кг лыуэ хуэхъуфыну, пэмыкӀ къэлъытэгъуэкӀэ 31 кг хуэдиз<ref>''Гржимек Бернхард''. Африкэ псэушъхьэхэм дежь. — М. 1973. Н.78.</ref>. ЗэфэкӀыгъуэ яӀэмэ пэмыкӀ джэдухэр яукӀ иэ гиенэхэр.
 
Лиуанхэр [[Губгъуэ|губгъуэхэмрэ]] [[Саванэ|саванэхэмрэ]] щопсохэ, зэщъакӀуэхэр псэушъхьэ инхэм, нэхъ кӀасу [[былымхэр|былымым]]. Псэушъхьэ инхэр ([[Африкэ хыв|хывхэр]], [[Хъираф|хъирафхэр]]) къэубынынымкӀэ къашъхьэпӀэр гуп псоукӀэ зэраӀэра. Лиуаныбзхэр зэхокӀхэри пӀэ яубыд псэушъхьэ зым игъэщтам адрейхэр зэртеуэным хуэду. Илъэсыхым идежь лиауныр ӀэплъэпкъкӀэ зэфӀэува мэхъур.
42 сатырыр
Джэщ хъумэ шъакӀуэгъуэ шэныр зэрахъуэкӀ, лиуаныбзхэр зыр зым яуж иту кӀынфӀым хохьэхэри былымгупыр къахъуреихьыр. Лиуаныхъухэр яхэтмэ зэрдэӀэпыкъур зытӀущ ину мэгъуахъуэри былым псэушъхьэхэр егъащтэри ехур лиуаныбзхэр здыхэс лъэныкъуэмкӀэ.
 
[[FileФайл:Loewen elefanten.jpg|thumb|220px|]]
Зебрэхэмрэ гнухэмрэ куэду щыщэӀэм, лиуанхэр абыхэм нэхъ яшъакӀуэкъым. МахуитӀ-махуищым зэ нэхъ шхэкъым лиуаныр, ауэ тхьэмахуэ зытӀущи мышхэфу щытыфыну. Гъаблэ Ӏэр къыщахуэкуэр [[Псэущхьэ куэшыгъуэр|псэушъхьэ куэчыгъэр]] губгъуэхэм щыкӀидзэм де. Апхуэдэм лиуаныбз чыр чэрыпӀ зиӀэр изакъу къэнэфыну былым гупхэр куэчу щыхэкӀым абыхэми яужу прайдри макӀуэхэ.
 
51 сатырыр
== Прайдыр ==
{{Main|Прайд}}
Лиуанхэр шъакӀуэ псэушъхьэхэм ящыщ унагъуэ гупу псоуэ, гупым зэреджэр '''''[[Прайд|прайд]]'''''. Прайдым хэтхэр - лиуаныхъу нэхъышъхьэ, лиуаныбз зытӀущ, абыхэм я чырхэр джоуэ. Бзыхэр шъакӀуэным пылъхэ прайдыр ягъэшхэным шъхьэкӀэ, хъум я хапӀэр ехъумэ. ЗэрыхъумкӀэ лиуаныхъум чырхэр епӀыр, хъухэр ныбджкӀэ щызэфӀэувэм идежь прайдым ирехухэ, бзы зэфӀэувахэр хуэмэ езыхэр хокӀхэр прайдым.
 
Язакъу псо лиуаныхъухэр куэд къагъэшъкъым, прайд убыдыным яуж иту зауэхэм хохьэхэри хокӀуадэхэ, я кӀэлэгъуэмрэ я инагъымрэкэ я къэру къимыхьу. Лиуаныхъу ихуахэм кӀырахуар къагурымыӀу прайдым къагъэзэжьми я адэм иукӀыфынухэ. Апхуэдэ зэхэтыкӀэр зэрышъхьэпэр быныр лиуаныхъу псом нэхъ къэрууфӀэм къыхэкӀыным шъхьэкӀэ. ЛиуаныхъукӀэм прайдыр зэриубыдыфынур илъэс зытӀущ изакъуэ псоуауэ шъакӀуу, и къэрур зэфӀэувауэ щытмэ. МакӀыу лиуаныхъухэм лиуаныбз езыхэм хуэдууи шъхьэхуту изакъу къагъуэтри езыхэм яуэ кӀэуэ прайд яшъыр.
 
== Зэрзэпыхьэхэмрэ зэрзэфӀэувэмрэ ==
[[FileФайл:Lion pair2.jpg|thumb|220px|]]
Зэпыхьэгъуэм идежь лиуанхэр шъабэ-шъабу зэхущытхэ ауэ икӀэм идежь лиуаныбзым и шэныр псынкӀыу зэӀохьэ куэдым Ӏохур зэзауэным нигъэсу. Лиуаныхъу нэхъышъхьэр бзым похьэ абым хуэхьэзыру щытым, дэкъикъэ 20-30 къэс яуж ихьу, апхуэду сэхьэт бжыгъэкӀэ йокӀуэкӀ (махуэм 30-40 хуэдиз къэхъу). Щызэпыхьэм дежь лиуаныхъум бзым и пшъафэр и дзэхэмкӀэ еубыдыр, [[Джэдухэр|джэдууэ]] хъуам зэрахабзу.
 
74 сатырыр
 
== ЛӀэужъыгъэхэр ==
[[FileФайл:Young male lions Africa.jpg|thumb|220px|]]
Дунем лиуанхэм щыщу лӀэужъыгъэ бжыгъэ тет, я инагъкӀэ шъхьэц сурэтымкӀэ, фэмкӀэ зэшъхьэщыкӀху. ЛӀэужъыгъу хъуар зым щымыхъукӀэ [[Африкэ|Африкэм]] щопсохэ [[Сахара|Сахара]] пшэхъуалъэм ипшъэ лъэныкъуэм щыкӀэдзауэ.
* '''[[Индиэ лиуан|Индиэ лиуан]]''' (''P. leo persica'') - [[Еуразиэ|Еуразиэм]] и ипшъэмрэ курыт губгъуэхэм исауэ щыта [[Алыдж|Алыджым]] къыщыкӀэдзауэ [[Джылэ Республикэ Китай|КъуэхьэпӀэ Китайм]] нэгъунэ. Иджыпсту 300 гуп хуэдиз нэхъ къэнэжьакъым [[Гир мэз|Гир хъумэпӀэм]] [[Гуджарат|Гуджарат]] хэкум дежь [[Индиэ|Индиэм]].
* '''[[Алътэс лиуан|Алътэс лиуан]]''' (''P. leo leo'') - [[Африкэ|Африкэм]] и ишъхъэрэ лъэныкъуэм [[Алътэс къущхьэхэр|Алътэс къушъхьэхэм]] щыпсоуахэ. Яужырей дыдэ лиуаныр 1922 гъэм [[Марокко|Марокком]] щаукӀауэ щыта.
* '''[[Капэ лиуан|Капэ лиуан]]''' (''P. leo melanochaita'') - дунем къытенэжьакъым (яужырей дыдэ лиуаныр 1860 гъэм яукӀа)
* '''[[Катангэ лиуан|Катангэ лиуан]]''' (''P. leo bleyenberghi'') - [[Анголэ|Анголэмрэ]] [[Конгэ Республикэ Демократ|Конгом]] и ипшъэ лъэныкъуэмрэ щопсо. Я бжыгъэр макӀэдыду щыт, хэкӀуэдэным носыр.
* '''''Нубиа лиуан''''' (''P. leo nubica'') - [[КъуэкӀыпӀэ Африкэ|КъуэкӀыпӀэ Африкэм]] щопсо, нэхъыбэм лӀэужъыгъэхэкӀыу ягуэчхэр:
** '''[[Сомали лиуан|Сомали лиуан]]''' (''P. leo somaliensis'')
** '''[[Масай лиуан|Масай лиуан]]''' (''P. leo massaicus'')
** '''[[Конголез лиуан|Конголез лиуан]]''' (''P. leo hollisteri'')
** '''[[Абэсэн лиуан|Абэсэн лиуан]]''' (''P. leo roosevelti'')
* '''[[Сенегал лиуан|Сенегал лиуан]]''' (''P. leo senegalensis'') - [[КъуэхьэпӀэ Африкэ|КъуэхьэпӀэ Африкэм]] щопсо. Я бжыгъэр макӀэдыду щыт, хэкӀуэдэным носыр.
* '''[[Трансваал лиуан|Трансваал лиуан]]''' (''P. leo krugeri'').
* '''[[Еуропэ лиуан|Еуропэ лиуан]]''' (''P. leo europaea'') япэрей илъэсишъэ ди лъэхъэнэм къэнэжьахэкъым.
* '''[[Судан лиуан|Судан лиуан]]'''
 
== Пэсырей дунем темытыжь лӀэужьыгъэхэр ==
 
* [[БгъуэнщӀагъ лиуан|БгъуэнкӀагъ лиуан]] (''P. leo spelaea'') джэдухэм ящыщу нэхъ индыдэра зэманыгъу хъуам.
* [[Американ лиуан|Американ лиуан]] (''P. leo atrox'').
 
== Лъы зэхэт ==
99 сатырыр
Лиуанхэр пэмыкӀ джэуушхуэ [[Пантерэхэр|пантерэ]] лъэпкъым щыщхэм япыхьэфынухэ, чыр Ӏэми ягъуэту.
 
# [[Леогрис|Леогрис]] (''Panthera leogris'') - лиуанымрэ [[Къаплъэн|къаплъэныбзымрэ]] къыхэкӀыр. И сурэткӀэ лиуанышхуэ хуэду щыт и фэр къуэлэну. Иджырей джэду дунем тетхэм я нэхъ ин. Леогрисыхъухэм я шъхьэцыр кӀэкӀыу щыт. Леогрисыбзхэр бын бэуэ ягъуэтыфыр, лиуаныхъухэми [[Къаплъэн|къаплъэныхъухэми]] пыхьэфынухэ. И сурэткӀи и инагъкӀи мы «лӀэужъыгъэр» [[Бгъуэнщагъ лиуан|бгъуэнкагъ лиуаным]] ехьч.
# [[Тигрео|Тигрео]] (''Panthera tigreo'') - [[Къаплъэн|къаплъэнымрэ]] лиуаныбзымрэ къахэкӀыр. ЗэдэкӀыгъу янэм къыхэкӀауэ уэгу щытыфыну ядэм еуи къуэлэну. Хъухэм шъхьэц кӀэкӀ ятет мэхъу. Тигреобзхэми бын бэуэ ягъуэтыфыр, лиуаныхъухэми [[Къаплъэн|къаплъэныхъухэми]] пыхьэфынухэ. Тигреохэр я адэ-анэхэм нэхъри нэхъ цӀыкӀу щытхэ, я хьэлъагъкӀэ кг 150 хуэдиз мэхъухэ.
# [[Леопон|Леопон]] - [[Щомыщ|щомышъыхъумрэ]] лиуаныбзымрэ кахэкӀыр. СурэткӀэ лиуан мы иным ехьч, и фэр уэгу щыту ( и инагъкӀэ лиуаным нэхъри нэхъ цӀыкӀу ауэ [[Щомыщ|щомыщым]] нэхърэ нэхъ ин). Я кӀапӀэм чышъэ иӀэ, леопоныхъуэм шъхьэц кӀэкӀ ятет.
 
<gallery>
111 сатырыр
 
== Тхыдэр ==
[[FileФайл:Lascaux-diverticule-félins.jpg|thumb|220px|Ласко бгъонкӀагъым щыщ пэсырей тхыгъэ. БгъонкӀагъ лиуан]]
Лъэшдыду лиуан лъэпкъхэр щызэфӀэувахэтэр плейстоцен зэманыгъуэм. 100-10 мин илъэскӀэ узэӀэбэкӀыжьмэ абыхэм нэхъыбэдыду шӀыпӀэ яубыдт шэрыпӀ дунем тету хъуам елъытамэ. ЛӀэужъыгъэ зэщымыщхэр [[Аласкэ|Аласкэмрэ]] [[Юконэ|Юконэмрэ]] къыщыкӀэдзауэ [[Ишъхъэрэ Америкэ|Ишъхъэрэ Америкэм]] [[Перу|Перум]] нэс [[Ипшъэ Америкэ|Ипшъэм]], [[Еуропэ|Еуропэ]] псом, [[Азиэ|Азиэм]] [[Сыбыр|Сыбырым]] нэгъунэ, [[Африкэ|Африкэм]] и шӀыпӀэ нэхъыбэм. [[Ипшъэ Америкэ|Ипшъэ Америкэм]] лиуанхэр илъэс минипшъкӀэ узээбэкӀыжьмэ кӀуэдахэ.
 
Пэсырей лъэхъэнэхэм лиуанхэр Африкэм и ипшъэ гъунапкъэхэм, ишъхъэрэ лъэныкъуэ псом исахэ, абым пэмыкӀыу [[КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъу|КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъу]] псом, [[Индиэ|Индиэм]] нэгъунэ, абдем къэралым и ишъхъэрэ лъэныкъуэ псом исахэ, пшахъуалъэхэм щыпсоуахэт, [[Еуропэ|Еуропэм]] [[Балкан хы тӀыгуныкъуэ|Балкан хы тӀыгуныкъуэм]] щыпсоуахэ. Еуропэ лъэныкъуэм лиуанхэр етӀуанэ лъэхъэнэм хэкӀуэдахэ, пэмыкӀ лъэныкъуэхэм XIX лъэхъэнэм икӀэм идежь хэкӀуэдахэ. [[Къажэр|Къажэрым]] 1940 гъэхэм нэгъунэ лиуан зытӀущ исхэт иджыри, Индиэм я бжыгъэр 25 нэгъунэ нэсахэт, Гир мэзым нэхъ къэмынэжьаху, ауэ хъумэн ӀэнатӀэ тралъхьэри 1940 гъэхэм щыкӀэдзауэ я бжыгъэр къэлъытэгъу хэхъуа.
 
Джыпсту проэкт [[Парк Плейстоцен|парк Плейстоцен]] ирагъэкӀуэкӀымкӀэ гупшысыгъуэ яӀэ [[Якутиэ къэрал|Якутиэм]] лиуанхэр ирагъэхьэжьыну.
 
== Гулъытыгъуэхэр ==
248 сатырыр
[[sk:Lev púšťový]]
[[sl:Lev]]
[[sn:Shumba]]
[[so:Libaax]]
[[sq:Luani]]
Къыздырахар: "https://kbd.wikipedia.org/wiki/Хьэщ"