Амазонэ версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Content deleted Content added
149 сатырыр
Хамэ къэралъыгъуэхэм лъэпкъым и ресурсхэр ирахынымкӀэ [[Бразил|Бразилым]] и тхьэмадэгъуэр XX лъэхъэнэм и 40 гъэхэм Аазонэм и кум хэт шӀыпӀэхэм и зэгъэзэхуэн, къэгъэсэбэпыным похьэ, мэз гъунапкъэм нэхъ ипэджыжьу, хамэ къэралыгъуэхэм здаӀыгъым хапӀэшхуэхэр ящэхуауэ. Абым щыщу унафэ нэхъ инхэр абым хэзылъхьар президент Жетулиу Вергасым, [[ЕтӀуанэ дунейпсо зауэ|ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр]] щекӀуэкӀым [[Дзэ зэгуэтхэр|Дзэ зэгуэтхэм]] [[Каучук|каучукыр]] яхуигъакӀуэт дэӀэпыкъуэгъу хуэду.
 
1960 гъэхэм къалэ нэхъышъхьэ кӀэ халъхьэ [[Бразилиа|Бразилиа]] [[Амазониэ|Амазониэм]], ари сэбэпыгъу мэхъур псыхъуэр нэхъ зэгъэшъэным. ЦӀыху дэгъэтӀысхьэным а лъэныкъуэмкӀэ Ӏохушху мэхъур къэралым шъхьэкӀэ, [[Бразил|Бразилым]] и ипшъэишъхъэрэ-къуэкӀыпэ лъэныкъуэм унагъуэхэр бжыгъу къырачри ягъэтӀысхэр, шӀыгу пудкӀэ къагъэнацӀэху, мэз къуэдейр абым ихын нэхъ хуэмеуэ. Хьэблэ бжыгъэхэр [[Бразилиа|Бразилиамрэ]] [[Белем|Белемымрэ]] я зэхуакум дэлъ гъогум и гъунэм халъхьу кӀадза, ауэ, мэзыр здыраха шӀыгур хадэкӀэ къамгъэсэбэпыфу мыхьэнэншу къыкӀэкӀа.
 
Тауэ щымытми хэку зэгъэшъэным яуж икӀахэкъым. Мэзым гъогухэр ирагъэкӀуэн кӀадза. Абыхэм ящыщу лэжьыгъэ нэхъ иныр 1970 гъэм кӀадза [[Трансамазониэ|Трансамазониэ]] гъогу. ИлъэсипшъкӀэ гъогушхуищ яшъа, ауэ, гугъу яхэлъауэ хъуар ягъэзанкӀэжьакъым. [[Трансамазониэ|Трансамазониэм]] и нэхъыбэхэр, BR-319 хуэдэр ([[Манаус|Манаус]] - [[Порто Вело|Порто Вело]]) къагъэшъхьэпэфхэкъым [[Уэшхыгъэ|уэшхэм я гъэр]] щыкӀидзэм.
 
1, 800 млн цӀыху дэсу [[Манаус|Манаусыр]] къалэ нэхъ ину щыт Амазонэм тету. Манаусым джылу дэсыр 50% мэхъур [[Бразил|Бразилым]] и [[Амазониэ|Амазониэм]] дэсу хъуам. Къалэм и джылэр нэхъыбэм мулатхэ 32%, еуропейхэр 32%<ref>[http://www.sidra.ibge.gov.br/bda/tabela/listabl.asp?z=cd&o=7&i=P&c=2094 Хэкумэтхымрэ Статистикэмрэ Бразилым и Институт. Манаус, Бразил. Лэжьыгъэр щышъар 2009-01-31]</ref>.
 
== Гулъытыгъуэ ==