Абазэ-Адыгэбзэхэр версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Content deleted Content added
No edit summary
No edit summary
5 сатырыр
 
Урысейм (Ипшъэ-Къаукъазым) Апхъазым, къуэкӀыпӀэгъунэгъу лъэныкъуэм (Тыркум, Шамым, Иорданым) щопсалъэхэ, бзэр зэрахьэ. БзэмкӀэ псалъу къалытэр милыуан 1, 100 (?) хуэдиз, Урысейм щыпсохэр хэту (мин 764, 660 (2002 гъэмкӀэ джылэ псо бгъыгъэ ирагъэкӀукӀам).
 
== ЗэӀыхьлъыгъуэ ==
 
Нэхъ къылъытэгъуэ нупшысэгъуэ щыӀэхэм ящыщыр абазэ-адыгэбзэхэр [[Нах-дэгъыстэныбзэхэр|нах-дэгъыстэныбзэхэм]] япхауэ, зэдэкӀыгъуху [[Ипшъэкъаукъаз унагъуэ|ипшъэкъаукъаз унагъуэ]] къыхагъэкӀху. Алтернативэ гупшысэгъуэмкӀэ нах-дэгъыстаным епхыгъуэр тралъхьэ къуэдеуэ ягъэувыр, пкъы кӀэмыту, я зэгъунэгъугъуэм зэхьчыгъуэхэр къыхэкӀауэ лексикэмкӀэ, абым фӀэмыкӀыу, ауэ, фонетикэмрэ морфологиэмрэкӀэ зэшъхьэкӀыгъуэ инхэр яӀу.
 
Гупшысэгъуэ лъэшхэр щыӀэ, абым пэмыкӀыуи лэжьыгъэхэр ирагъэкӀуэкӀыр абазэ-адыгэбзэхэр [[Хаттыбзэ|хаттыбзэм]] (дунем темытыжь, III-II ди лъэхъэнэхэм япэ ящыщ) ирапху.
 
== Классификациэр ==
 
=== Адыгэхэр ===
{{Main|Адыгэбзэ}}
Адыгэ гупыр псалъэкӀитӀу зэхагъэкӀ ([[Урысей|Урысейм]] бзитӀу къалъыту) - [[КӀах псэлъэкӀэ|кӀах псэлъэкӀэмрэ]] [[Къэбэрдей псэлъэкӀэ|къэбэрдей псэлъэкӀэмрэ]]
 
* [[КӀах псэлъэкӀэ|кӀах псэлъэкӀэр]] - [[Адыгэ Республикэ|Адыгэ республикэм]] и нэхъышъхьэбзэм ящыщ, и ипшъэмрэ и ипшъэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэхэмрэ адыгэ къуэджэхэм щыропсалъэ, абым пэмыкӀыу [[Хы ФӀыцӀэ|хы ФӀыцӀэм]] и Ӏуфэм Ӏут шапсыгъ къуаджэхэм.
 
* [[Къэбэрдей псэлъэкӀэ|къэбэрдей псэлъэкӀэр]] - [[Къэбэрдей-Балъкъэр|Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ]] [[Къэрэшей-Шэрджэс|Къэрэшей-Шэрджэсымрэ]] я нэхъышъхьэбзэхэм ящыщ, къэралитӀым щымыхъукӀэ бзэмкӀэ [[Ипшъэ Осетиэ|Ипшъэ Осетиэмрэ]] [[Ставропол Къэрал|Ставропол краймрэ]] мэздэгу къэбэрдей дэсхэр иропсалъэхэ.
 
Къэбэрдей псэлъэкӀэм беслъэнеибзэри хохьэ.
 
=== Абазэхэр ===
{{Main|Абазэбзэхэр}}
Абазэбзэхэри [[Адыгэбзэ|адыгэ псэлъэкӀэхэм]] яхуэду зэгъунэгъу щытхэ, абыхэм яхэтхэр:
 
* [[Апсуабзэ|Апсуабзэ]] (мыдэвей, мыдэжъу) - [[Апхъаз|Апхъаз]] къэралым и нэхъышъхьэбзэ, ирипсалъэр цӀыху мин 90 хуэдиз Апхъазым дэсу, [[Уэсмэн империэ|Уэсмэн империэм]] икӀахэм ящыщ бжыгъэ бзэ зезыхьэ яхэт.
 
* [[Абазэбзэ|Абазэбзэ]] - [[Къэрэшей-Шэрджэс|Къэрэшей-Шэрджэсым]] и зы нэхъышъхьэбзэхэм ящыщ, къэралым и ипшъэ лъэныкъуэм дэт абазэ къаджэхэм щыропсалъэ. Къаджищыр ашхаруа псалъэкӀэ яӀэ, адрейхэр тапанта пслъэкӀэ.
 
Абазэбзэхэр гтнетикэкӀэ зэгъунэгъу дыду щытхэ зы бзэуэ къэлъытэгъуэ ятыным шъхьэкӀэ. Гу лъытыгъэр ашхаруа псэлъэкӀэр мыдэвейм нэхъ хуэгъунэгъу щыт тапантам нэхърэ.
 
=== Убыхыбзэ ===
{{Main|Убыхыбзэ}}
Убыхыбзэм и тхыдэр нэхъ гукъеу къахэкӀа бзэхъуам ям елъытамэ. [[Хы ФӀыцӀэ|хы ФӀыцӀэм]] и Ӏуфэм усахэр, [[Адыгэ-урыс зауэ|Адыгэ-урыс зауэр]] уха яуж, зы къэмыну [[Уэсмэн империэ|Уэсмэн империэм]] ирагъэкӀа лъэпкъыр, абдэжьым адыгэхэм яхэсурэ, хом-хомурэ адыгэбзэм техьахэ, яужыреуэ, убыхыбзэр зышъу дунем тетар [[Теуфик Эсенч|Теуфик Эсенч]], 1992 джэпуэгъуэм и 7 дунем ехыжьа. Езы убых лъэпкъым щыщу Тыркум цӀыху 10 000 хуэдиз дэс. Иджыпсту гупшысыгъуэ ирагъэжьа, бзэр зэфӀэгъувэжьыным теухуауэ.
 
== Тхыбзэр ==
 
XIX лэхъэнэм ипэм нэс абазэ-адыгэбзэм я зым тхыбзэ имыӀэуэ къалъытэ, ауэ, [[Мыекъуапэ културэ|Мыекъуапэ културэм]] пылъ лэжьыгъэхэм къызэраӀохумкӀэ абазэ-адыгэхэм пэсырейдыдэ тхыбзэ яӀа, яужым кӀуэдыжьауэ. Урысейм Къаукъазыр иубыда яуж зэхэхауэ лэжьыгъэ бжыгъэ екӀуэкӀа тхыбзэ къыхэгъэкӀыным шъхьэкӀэ абазэ-адыгэ лъэпкъхэм яуэ кириллымкӀэ иэ хьэрым тхыбзэмкӀэ. Советхэм я Ӏэнатэр зэфӀэува яуж адыгэхэм шъхьэкӀэ хьэрыфылъ зэхагъэувэ [[Хьэрып тхыбзэ|Хьэрып тхыбзэкӀэ]]. 1923 гъэм къэбэрдер, яужым, 1926-1927 гъэхэм - мыдэвейр, кӀахыр, абазэбзэр джоуэ [[Латин тхыбзэ|латин тхыбзэм]] трагъэхьэхэ 1936-1938 гъэхэм нэс. Абым яуж мыдэвей тхыбзэр [[Курджы тхыбзэ|курджы тхыбзэм]] трагъэхьэ (1954 гъэм нэс) адрей щыр [[Кирилл тхыбзэ|кирилл тхыбзэм]], иджыри къыздынэсым ара зтетхэр псори.
 
== ТехьэпӀэхэр ==
* [http://abyzshwa.narod.ru/ Мыдэвеибзэм и сайт «Амрахуага»]
* [http://www.djeguako.ru/content/category/4/18/36/ «Абазэ-адыгэбзэхэм» я лъэныкъуэгъу ДжэгуакӀуэ сайтым]
* [http://www.djeguako.ru/component/option,com_frontpage/Itemid,1/ «Адыгэбзэм теухуауэ»]
 
{{Northwest Caucasian languages}}