Тхьэ версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Content deleted Content added
No edit summary
No edit summary
6 сатырыр
 
Дин куэдым Тхьэр зэрыщыту ягугъэр, сурэту ящI. Ауэ Ислъамымрэ Иудаизмымрэ тэбу телъщ Тхьэр зыуи зыщIыпIи къэбгъэлъагъуэ мыхъухэну.
 
=== Ислъамым ===
Ислъам диным Тхьэм и цIэр '''[[Аллыхь|Аллыхьщ]]'''. Диным къызэриIуатэмкIэ Аллыхьым и щытыкIэр, къигъэхъухэр цIыхухэм зэри къагурыIуэнукъым. Аллыхьым и закъуэщ цIыхухэм пщIэ зэхуащIу щытын хуейр.
 
Ислъамым [[Аллыхьым и 99 цIэр|Аллыхьым цIэуэ 99 иIэщ]], а цIэхэм Аллыхьым и щэнхэр къыдгурагъаIуэу щытщ.
 
=== Иудаизмым ===
Иудаизмыр япэу монотеизм къежа динхэм ящыщщ. Иудаизм дин тхылъ [[Торэ|Торэр]] иужьым зэхъуэкIа гуэрхэр иIэу [[Библиэ|Библиэм]] иратхэжауэ щытащ. Иудаизмым Тхьэм цIэуэ 72 щиIэщ.
 
=== Чыристэным ===
Чыристэн динымкIэ Ислъамыми Иудаизмыми хуэдэу, къеIуатэр Тхьэм щIэдзапIи кIэухи имыIэу. Ар дэни щыIэщ, псори зыщIэщ, псори зыхузыфIэкIщ, псори къэзыгъэхъуащ. тхьэр икIи пагъакIуэр псалъэ ''ФIыгъэ'' ''Дэхагъэ'' гурыIуэгъуэхэм. Ауэ Чыристэн диным мыдрей динхэм елътауэ Троицэр я фIэщ мэхъу. Ахэм къалъытэр Тхьэм напищ иIэу — Тхьэ-адэ, Тхьэ-къуэ, Нэху-псэ.
 
Чыристэн диныр куэду еугуэш, дэтхэнэ гуэшыгъуэми Тхьэр къызэралъытэр тIэкIу зэщхьэщыдзауэ щытщ.
 
=== Буддизмым ===
Буддизмым Тхьэ гурыIуэгъуэу къагъэсэбэпкъым. А диным щIэтхэм япэу цIыхум и зэфIэкIыныгъуэхэращ ирагъэшыр. [[Буддэ]] Тхьэр щымыIэу къиIутэтэу къаIуэтэж, ауэ буддизмыр къыщежа лъэхъэнэм щыгъуэ ахэм къалъытэт дунейр псор зы Абсолутым и IэмыщIэм илъу. ИкIи къыздэс буддэхэм Тхьэ псалъэм пагъув Абсолут гурыIуэгъуэр.
 
=== Сикхизмым ===
Сикхэм зы Тхьэ закъуэр я фIэщ мэхъу, абыхэм Тхьэр къалъытэр зэикI узлъэмыIэсыну. ДинымкIэ Тхьэм и цIэ дыдэр зыми ящIэкъым. Абыхэм зэралъытэмкIэ Тхьэм и зэкъуащ дунейр къыщигъэщIам и мыхьэныр зыщIэжыр. ЗэралъытэмкIи Тхьэр зыри зыкIэлъихукъым икIи зыми зыри ятрилъхьэкъым, Тхьэм ауэ лъагъунынгъэ, гуапэгъэхэр къыбгъуэдокI.
 
=== Хиндуизмым ===
Хиндуизмым Тхьэ куэд яIэми, абы къудамэ гуэрхэр иIэщ зы Тхьэм тепсэлъыхьхэу. А диным абы ироджэ [[Ишварэ|ИшварэкIэ]].
 
== Тхьэншэхэм къалъытэхэр ==
Иджырей зэманым Тхьэр зи фIэщ мыхъухэр куэд къэхъуащ. Абыхэм иныкъуэхэм Тхьэншэ дыдэу забжкъым. Абы къыхэкIыуи апхуэдэ цIыхухэр гупищ нэхъыщхьэу яугуэшхэр — атеизм, агностизм, игностизм. Теодор Дранж зэритхамкIэ абыхэм къалъытэхэр мыпахуэдэу птхы хъунухэщ.
 
Атеист: «Сэ Тхьэр щыIэу си фIэщ хъукъым»
Агностик: «Сэ Тхьэр щыIэрэ щымыIэрэ сщIэкъым»
Игностик: «Сэ къызгурыIуэкъым Тхьэ щыжыфIэкIэ, а псалъэм къивгъэкIыр».
 
=== Атеизмым ===
Атестхэм ялъытэр дунейр Тхьэм къимыгъэщIауэ икIи Тхьэр щымыIэу жаIэ. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ Дунейр езы-езыуэ къэхъуауэращ.
 
=== Агностизмым ===
Ангностикхэм Тхьэр я фIэщ хъууи мыхъууи щыткъым. Абыхэм ялъытэр тхьэр щыIэрэ щымыIэрэ цIыхум псэуху зэри къыхуэмыщIэну.
 
== Игностизм ==
Игностикхэм къалъытэр Тхьэр щыIэрэ щымыIэрэ къытхуэмыщIэну. Абыхэм зэралъытэмкIэ Тхьэ гурыIуэгъуэм къикIыр нэхъ гъэхуауэ жыIын хуейщ, ар зэрыщыIэр уи фIэщ пщIынрэ умыщIынрэ япэ.
 
== Тхьэр я фIэщ зэрыхъур дунейм ==
Къыздырахар: "https://kbd.wikipedia.org/wiki/Тхьэ"