Къуапэ Горн версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Content deleted Content added
Created page with "thumb|250px|Къуапэм и фэеплъ '''Къуапэ Горн''' ({{lang-es|Cabo de Hornos}}, {{lang-nl|Kaap Hoorn}}) — архипелаг ЩI..."
 
No edit summary
3 сатырыр
 
1616 гъэм къуапэр зэIуахауэ щытащ голлэнд хыерс [[Якоб Лемер|Якоб Лемеррэ]] [[Уиллем Корнелис Схаутен|Уиллем Схаутенрэ]]. Схаутен здыщыщ [[Хорн]] къалэм и фэеплъуи, къуапэм фIащауэ щытащ къуапэм и цIэр.
 
== Хэкумэтх ==
Къуапэр хеубыдэр [[Чили]] и нэхъ ипшэ дыдэ регион [[Регион Магаланесрэ Чили Антарктидэрэ|Магаланесрэ Чили Антарктидэрэ]]. Къуапэми континентым къикIыу гъущIгъуэгхэр къокIуэр. Абы нэмыщI Чилим и флотым и Iыхьэхэр къуапэм деж Iутхэщ икIи маякитI тетщ.
 
ЩIыпIэм уэшх куэд къышешхыми, зэрыщIыIэм къыхэкIыу мэзыншэу щытщ. Къуапэм псэщхьэхэм ящыщу нэхъыбэу щыпсэухэр [[Магеллан вымпIу|Магеллан вымпIухэращ]].
 
== Климат ==
ЩIыпIэм щыIэ климатыр щIыIэтыIэу щытщ, Антарктидэр зэригъунэгъум щхьа. Гъэмахуэр кIэщIщ, температурэри +10...+12°С нэс дэкIуейуэращ. ЩIымахуэр кIыхьщ, уэс къесхэри куэдрэ телъщ. Уэшхыр куэду гъатхэпэ мазэм къошх, щIыпIэм бжьыхьэр къыщихьэм деж.
 
Абыхэм нэмыщI щIыпIэм къыщепшэ жьыхэр нэхъ псынщIэ дыдэхэм хабжэ. Апхуэдэу жьы къепшэм и нэхъыбэм и псынщIагъыр 30 км/сыхьэтым нэс нос. Иныкъуэхэм деж, жьым и псынщIагъыр 100 км/сыхьэтым нэс докIуейр. ЩIыпIэм ину къышепшэ жьыхэм я ягъэкIэ, къуапэ зыгъэшыпIэм деж япэм кхъухь куэд щIилъэфахэу щытащ. Абдейм щIилъафэ кхъухь куэдхэм ятеухуауэ зэмылIаужыгъуэ зэманхэм, тхакIуэ куэдым тхыгъэ Iэджэхэр ятхащ.
 
== КъекIуэкIыным и гугъагъыр ==
Къуапэм кхъухькIэ укъыпекIуэкIынур дунейм нэхъ гугъ дыдэу ябж. ЩIыпIэм жьышхуэ къышепшэхэм уэрп инхэр къагъэхъейхэр, зи инагъ метрэ куэдхэм нэс дэкIуей. Псом нэхъ нэхъ гугъыр къуапэм къуэкIыпIэмкIэ укъыикIыу къухьэпIэмкIэ укIуэнуращ. Жьы къепшэхэр къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэщ и нэхъыбэм здепшэхэри, къухьэпIэмкIэ жьым упыщIэту укIуэнур гугъ ящI. ЩIыпIэм жьышухуэ къышепшэхэм, абыхэм уэрп ин къагъэхъухэм икIи щIы щыIэхэм кхъухь куэд щIрагъэлъэфащ ерэ къуапэ Iуфэм кIэрадзэурэ зэпкъыраудахэщ.
 
Иджырей зэманым япэм кхъухь щIилъэфахэмрэ хыерс хэкIуэдахэмрэ я фэеплъу, иджырей кхъухьхэм зэпеуэ ящIхэр къуапэм къекIуэкIхэу.