Content deleted Content added
No edit summary
No edit summary
26 сатырыр
ЕтIуанэрауэщи, зыри ди лъэпкъым хэзмыгъэкIа сэ, Мэздэгу адыгэхэри фIыдыдэу соцIыхухэр. Ауэ Мэздэгу адыгэхэр щхьэ псори чылистэну плъытэхэрэ? А лъэныкъуэмкIэ ущыIатэм апхуэдэу жомыIынт. Псалъэм папщIэ, абыкIэ щыIэ къуажэ адыгэхэр нэхъыбэу здыдэсхэу къэнауэ щытхэм (Мэлгъэбэг, Серноводское, Графский, Бугулов сытхэм) дэс адыгэхэр муслъымхэщ, езы къуажэхэми мэжджытхэри дэщIыхьахэу дэтхэщ. Къуажэхэм дэс адыгэ гуэрхэри соцIыхухэ, зэрызабж зэрызалъытэжхэр псоми мыслъымхэущ. Чылистэн сыт зэгуэру щытхэр езы Мэздэгу къалэ дыдэм дэс гуэрхэра хъунщ, ауэ абыхэми псори чылистэну щытхэкъым. Мэздэгу къалэ дапщэрэ сыщымыIами, чылистэну зибжыжу сэ иджыри зы адыгэ сримыхьэлIа.
 
Ещанэщи тхьэншэр динкъым, амыхъу шаблоным щапхъэ къэхьауэ щытым къыщыдгъэлъэгъуэнт ар. Адыгэхэми куэдым диным я хущытыкIэр фIыдыдэу долъагъу. Ауэ лъэпкъым (хэт сытхуэдэ къэрал щымыпсэуами) и дин нэхъыщхьэуи нэхъапэуи щытыр Ислъам диныращ. Узыншэу! Сэ нэхъ унэхъыжьу къысщохъури, зыкIи сыппеуэну сыхуейуэ щыткъым. Ауэ диным и цIэ дыдэр сытхуэдэми еплъ кхъа щапхъэ къыпхуэсхьамкIэ. [[ЦӀыхухэт:Albora7|Albora7]] ([[ЦӀыхухэт тепсэлъэхьыгъуэ:Albora7|talk]]) 02:32, 6 ШыщхьэӀум и 2014 (MSK)