Content deleted Content added
No edit summary
27 сатырыр
 
Ещанэщи тхьэншэр динкъым. Адыгэхэми куэдым диным я хущытыкIэр фIыдыдэу долъагъу. Ауэ лъэпкъым (хэт сытхуэдэ къэрал щымыпсэуами) и дин нэхъыщхьэуи нэхъапэуи щытыр Ислъам диныращ. Узыншэу! Сэ нэхъ унэхъыжьу къысщохъури, зыкIи сыппеуэну сыхуейуэ щыткъым. Ауэ диным и цIэ дыдэр сытхуэдэми еплъ кхъа щапхъэ къыпхуэсхьамкIэ. [[ЦӀыхухэт:Albora7|Albora7]] ([[ЦӀыхухэт тепсэлъэхьыгъуэ:Albora7|talk]]) 02:32, 6 ШыщхьэӀум и 2014 (MSK)
: Мэздэгу мыслымэнхэм нэхъ уримхьэлlами, бжыгъэ чристэнхэм сырихьэлlа сэ, Осетиэм щыщуи, Ставропол краим щыщуи, яужырем къутыр-къутыру зэхэсхэ Чылисэхэри я къуажэхэм дэту, я цlэхэри чристэну. Аткlэ докlуэри Тхьэншэхэм теухуауэ: щlэнгъазэ/энциклопедиэ дытхмэ, тхыгъэр лъэпкъым теухуауэ щытмэ - лъэпкъым и хъыбар псори гъэлъэгъуэн хуеуэ плъытэкъэ? Информациэр гъэпсауэ, lуэхум теху щытын хуекъэ? Зэрыптхымкlэ адыгу хъуари, зы къэмыну мыслымэнхэщ, ар дауэ? И гъащlэм мэжгытым щlэмыхьа цlыху бжыгъэ сэ соцlыху, зы хьэрып тхьэлъэlу зымыщlэ бжыгъэ зымыlэ ди лъэпкъым хэтщ, диным пылъын ауи гугъэ зымыlэ икlи хуэмей. Аращи, дытхэмэ - дотхэ lуэхур зэрщытым хуэду, пэжу! Си псалъэр бдэрэ е сыбгъэкъуаншэрэ нэстхамкlэ? [[ЦӀыхухэт:Богупс|Богупс]] ([[ЦӀыхухэт тепсэлъэхьыгъуэ:Богупс|talk]]) 13:05, 7 ШыщхьэӀум и 2014 (MSK)