Болэтыкъуэ Джанболэт версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

КӀэмыргуеим и пщышхуэ
Content deleted Content added
Created page with "{{Statesman | адыгэцӀэ = Болэтокъуэ Джанболэт | и цӀэдыдэ = Болэтокъо Хьэтокъущыкъо и къо..."
(зэщхьэщыкӀыныгъэ иӀэкъым)

13:47, 13 Гъатхэпэ 2015 версие

Болэтокъо Хьэтокъущыкъо и къо Джанболэт (? — 1836 гъ. и жэпуэгъуэ) — Кlэмыргуеим и пщышхуэ. Урыс-адыгэ зауэм и зы пашэхэм ящыщщ. Болэтокъо Аитэч и къо Хьэтокъщыкъо и къуэ. Тхыдэ щlэныгъэлlхэм яхэlуэа щытщ лlыхъужь цlэрыlуэу.

Болэтокъуэ Джанболэт
Болэтокъо Хьэтокъущыкъо и къо Джанболэт
КӀэмыргуеим и пщыщхуэ
1830 — 1836
Япэ итар: Болэтокъуэ Мыщэуэст
Яуж ихьэр: ?
 
Къыщыхъуар: ?
Адыгэ хэку, КӀэмыргуей пщыгъуэ
Дунем щехыжьар: 1836 гъэм и жэпуэгъуэм
Адыгэ хэку

Кlэмыргуеим пщыщхуэу зэртехьар

Болэтокъо Аитэч дунейм ехыжа нэужь Кlэмыргуэй пщыгъуэр тlууэ зэгуэкlа хъуащ, и къуитlым зэдагуэшауэ. Зы lэхьэр Болэтокъуэ Хьэтокъущыкъуэм къылъысащ адрер Болэтокъо Аслъэнбэчым. XIX лlэщlыгъуэм и щlэдзэгъуэм Кlэмыргуеим и пщыщху техьэр Болэтокъуэ Бэзрыкъо, ари куэду темыту абдзахэхэмрэ кlэмыргуэйхэмрэ я ныкъуэкъуэгъум хуэкlуадэ 1808 гъэм. Абым ипlэкlэ пщыщхуэу техьэр и къуэш нэхъыщlэ Болэтокъуэ Мыщэуэст.

XIX лlэщlыгъуэм и 20 гъэхэм Кlэмыргуэй пщыгъуэр тlууэ зэгуокlыр, пщыщхуэм и lэнатlэм хуэкlыр Болэтокъуо Джанболэт и щlыпlэхэр (Мыщэуэст и ядэкъуэшым и къуэ), Джанболэтыр Болэтокъуэ Аслъэнбэчым и пщыгъуэ lэхьэм нэхъыщхьу тетт. Джэанболэтым и пщыгъуэ щlыпlэр Лабэрэ Щхьэгуащэрэ я псыхъуэ зэхуакум дэлът, Пщыхьэпэм щыщlэдзауэ Мыекъуэпэ къуэм нэгъынэ. Кlэмыргуэйхэм щымыхъукlэ щыпсэухэт абдзахэхэр, еджэрыкъуаехэр, мэмхэгъхэр, хьэжырэт къэбэрдеихэр.

Болэтокъуэ Мыщэуэст лlа нэужь (1927 гъ. и мазэем щыщlэдзауэ бадзэуэгъуэм нэс) Джанболэт и lэнатlэр лъэщ мэхъур пщыгъуэм. И унафэм едэlухэу Псыжь псыхъуэм къыдокlхэри къущхьэ лъэныкъуэхэм мэтlысхэр Болэтокъуэ Шумафрэ (Мыщэуэст и къуэш нэхъыщlэр) Болэтокъуэ Лъэустэнрэ (Болэтокъуэ Бэзрыкъуэ и къуэр) я жылэр ядэщlыгъуу.

1830 гъэм щыщlэдзауэ 1836 гъэм нэс Болэтокъо Джанболэт Кlэмыргуей псом и пщыщхуэу мэхъур.

Кlуэдыгъэр

Джанболетыр къэзакъхэм яlэкlэкlуэда хъуа. Дзэзэшэ Засым къыригъэблэгъауэ идеж Прошнэокопскэ быдапlэм, дзызэхэсхэм гузэвэгъуэ къэхъуа хуэдэу хъыбар къаlуэхуащ, адыгэ губ зы бжьанэ урыс гъунапкъэм пхырыкlауэ. Засым къэзак гуп абыхэм апыригъэжьащ, Болэтокъуэм и щауэлlыгъусэхэри ядэщlыгъуу. Абым яуж, Засыр Болэтокъуэм хуэсакъ хуэдэу, гузэвэгъуэп къызэрхъеям папщlэ елъэlуащ Ермэл-хьэблэ Прошнэокопскэм ипэмыжыжэу щытымкlэ екlуэкlынэу. Болэтокъуэм псалъэ абым пимыдзэу, Засым и lуэхугъэ къэхъеяуэ игугъам зэран хуэмыхъун хуэмеэ идэри и зы уэркъ нэхъ имыгъусэу быдапlэм дэкlа.

Куэд мыкlуахэу, Болэтокъуэмрэ и уэркъымрэ къэзакъ гуп ятеуа хъуа. Зэшэ-зэпlэу Болэтокъуэр абдежьым хэкlуэдащ.

Техьэпlэхэр