Астана версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Content deleted Content added
72 сатырыр
== Тхыдэр ==
=== ЦӀэр къызхэкӀар ===
[[File:Fale - Spain - Madrid - 130.jpg|left|thumb|220px|]]
Къалэм и тхыдэр зэгъазэхуэмэ гурыӀуэгъуэ мэхъу цӀэ «Мадридыр» и хьэрып зэфӀэувэныгъэм къызэрхэкӀар. ЭтмологиэмкӀэ цӀэр къызхэкӀыр хьарып псалъэ «machra» (псынэ). Абым «it» (куэд) пыбгъувэжьмэ псалъэ «macher-it» къыхэкӀыр «псынэ куэд» «псыбэ». А цӀэ хьарыпхэм къалэм иратар зытеухуар псынэ куэд а шӀыпэм зэрщыӀэм шъхьэкӀэ, къалэри хьаблэ къыбгъэдэтхэри псыкӀэ ирагъэкъуху. Чристэнхэм къалэр яубыдыжьа яуж, ицӀэр лъэхъэнэ курытхэм и кастиджэ псалъэкӀэмкӀэ джаӀу кӀадза «Magerit» хуэду, яужым «Madrid» хъужьа.
 
Пэсырей хъыбарыжъым къызэриӀуатэмкӀэ Мадридыр хэзылъхьэр шъауэ цӀэрыӀуэ Окний, Тиберинрэ (псы Тибрым и Тхьэ) Манто удрэ якъуэ. Мансанарес и Ӏуфэм быдапӀэ Мантуя Карпетанхэ шъауэ щыта. ПэмыкӀыу иджыри зэрабжыр цӀэр къызхэкӀар келт псалъэ Магерит - «лъэмыджышхуэ» (хьэрыпхэм Эспаниэр яубыда яуж а псалъэр я псэлъэкӀэмкӀэ зэрадзэкӀауэ Маджырит хуэду). Археологхэм Манасарес и Ӏуфэм къыкӀахахэмкӀэ къыхэкӀыр япэреуэ цӀыху Мадрид иде тӀысын щыкӀадзар ищІагъ мывэ лъэхъэнэм. Ауэ Мадрид къалэ хуэду и хъыбар къыщежьэр бжыгъэ текӀауэ а зэманым. Къалэр хэзылъхьэуэ ябжыр [[Кордова|Кордова]] и эмир Мухьэмэд I, [[Толедо|Толедо]] и ӀухьэпӀэхэр костиджэхэмрэ леонхэмрэ я щыхъумэн шъхьэкӀэ.
 
Къалэр быдапӀэ Маджиритым къыгуэкӀыу кӀидза, япэреуэ и хъыбар щашъыр 932 гъэм. БыдапӀэ «алкасба» яшъауэ щыта, хьаблэ цӀэхухэр здыдэсым «мединэм» къыхэгъэкӀауэ. Реконкистам идежь 1083 гъэм Мадридыр пщы Алфонсо IV еубыд. Къалэм и зэфӀэувэныгъэр 1561 (апщыгъуэм пщы Филипп II къэралым и къалэ нэхъышъхьу ешъыр) гъэм нэгъунэ куэду зэпхатэр хьэрыпхэмрэ эспанхэмрэ я зэхущытыкӀэм зэ зэбиуэ зауэ ирагъэкӀуэкӀху зэ зэфӀхурэ. Иджырей сурэтым нэхъ ехьч щыхъуар къалэр 1570-1670 гъэхэм ядежь, нэхъ къэру щыхэлъа зэманым. XVI лъэхъэнэм икӀэм идежь Мадридым мин 50 цӀыху дэст, пщы Карл V Габсбургыр щытехьам тӀоуэ нэхъыбэ хъуа и джылэр. XVIII лъэхъэнэм эспаниэм и ӀэнатӀэр Бурбонхэм я Ӏэрохьэ. Филипп V щытехьэм пщыунэ кӀэуэ яшъын кӀадзэ (Palacio Real), 1734 гъэм нафӀэм исам ипӀэкӀэ пщыунэжъ Алкасар.
 
Пщы Карл III идеж Мадридыр еуропэм и къалэ нэхъышъу щытауэ къэплъытэ хъуну. Апщыгъуэм къырагъэблэгъауэ къалэм щылэжьахэ архитекторхэр Сабатини, Марке, Вентура Родригес, Хуан де Вилиянуэва пэмыкӀхэр джоуэ. Урамхэм я гъогухэм мывэ иралъхьа, уэздыгъэхэр трагъува, псыгъогухэр кӀэуэ яшъа. Къалэм и сурэтыр неоклассическэ хъуа. Ауэ къалэм хэхъуэн щигъэта. 1808 гъэм къалэр фрэнджхэм яубыд (Наполеон къытеуа). 1808 гъэм накъыгъэм и 2-м фрэнджхэм пщы Фердинанд VII трагъэкӀауэ Жозеф Бонапартыр трагъэхьауэ къалэм и джылэм заӀэт, лъы куэд ирагъажу ахэр фрэнджхэм ягъэувыӀэхэ. А зэманыр Гойя и тхыпхъэ нэхъ цӀэрыӀуэм хэт.
 
ИлэситӀ текӀауэ хуитыныгъэм шъхьэкӀэ зауэ яӀэтыр, ар Эспаниэ Револуциэ хъууэ яужкӀэ 1808-1814 гъэхэм. Яужым куэду Мадридым пылъахэр Фердинанд VII Изабелла II. Гуащэ Изабеллар щытетам къалэр куэду хэхъуа, абы шъхьэкӀэ къалэм и хъуреягъу быдапӀэ къэкӀукӀым и нэхъыбэр Ӏуахауэ щыта. Ди зэманым къынэсахэр Толедо дэхьапӀэмрэ Алкала къуэдемрэ.
 
Куэду къалэр щызэрахъуэкӀар XIX лъэхъэнэм икlэмрэ XX лъэхъэнэм ипэмрэ. Урамыжъхэм ипӀэкӀэ, кӀэуэ, нэхъ бгъуэуэ яшъахэ, унэ куэд модерн стилым щыщу яшъа. 1936 гъэм, джылэ зауэр щекӀуэкӀам къалэр республиканицхэм яӀыгът националистхэр Франсиско Франко яшъхьэщыту дамыгъыхьу. 1939 гъэм гъатхэпэм гарнизоным капитулировэт ишъа. Архитиктурэм и куэдыр хэкуэда апщыгъуэм, экономикэр Ӏэуэ гугъ ехьт. ТӀум щыгъуи абы емылъытауэ зытӀущ архитектор проэктышхуэ ирагъэжьауэ щыта - триумф аркэ... пэмыкӀхэр джоуэ. 1950 гъэм [[Америкэ Штат Зэгуэт|АШЗ-мрэ]] [[Эспаниэ|Эспаниэмрэ]] зэпылъын кӀадзэ. Экономикэмрэ туризымымрэ зыкъаӀэт.
 
Франко дунем ехыжьа яуж 1975 гъэм, техьэр Бурбонхэм ящыщ пщы иджыри къыздынэсым тет Хуан Карлос I.
 
Мадридым зэрихъуэкӀын кӀедзэ, «мовидакӀэ» еджу зэхуэсыныгъуэхэр йожьэ - субкултурэхэм зыкъаӀэт, киномрэ театырхэмрэ лэжьыгъэ цӀэрыӀуэ къахэкӀын кӀадзэ. XX лъэхъэнэм и 90 гъэхэм музеитӀ кӀэуэ зэӀуах - Софиа гуащэм и Музей, Тисен-Борнемиса Музей. 2004 гъэм гъэтхэпэм и 11 Мадрид идежь террор актышхуэ къэхъуа (вокзал зытӀущым зы сэхьэтым). Абым хэкӀуэдахэм яцӀэкӀэ къалэм идежь мемориал яшъа «ХэкӀуэдахэм я мэз».
 
== АдминистрациэкӀэ зэргуэча ==