Эрнан Кортес версиехэм я зэщхьэщыкӀыныгъэхэр

Content deleted Content added
59 сатырыр
[[Ацтекхэр|Ацтекхэм]] я къалэ нэхъышъхьэм идежь здэкӀуэм, эспанхэм вулкан [[ПопокатепелӀ|ПопокатепелӀ]] къагъуэтыр ([[НауалӀыбзэ|науалӀыбзэкӀэ]] «Тутын ефэ Ӏуашъхьэ»). Кортес и офицер - Диего де Ордас, Ӏуашъхьэшъхьэм дэкӀын мурад ишъа, ӀэшэзехьитӀым дэкӀыгъу. Яужым пщы [[Карл V Габсбург|Карл V]]-м Ордес и дэмыгъэм а Ӏуашъхьэр хилъхьэну пӀалъэ ирита.
 
[[ТеночтилӀан|ТеночтилӀаным]] эспанхэр щихьэр 1519 гъэм шъакӀуэгъуэм и 8, ацтекхэм я лӀатоан (пщы) [[МонтесумоМоктесума II|МонтесумоМоктесума II]]-м зауэншу къыригъэблэгъахэ, Кортесым дышъэкӀы Ӏэшъагъэ бжыгъэхэр иритауэ, абымкӀэ эспанхэр нэхъри къызэкӀэстауэ къэралыр яубыдыну. Тхылъ иригъэкӀуэкӀахэмкӀэ Кортесым къызэриӀуэтамкӀэ джылэ зыпэкӀэхуахэм езымрэ и гъусэхэмрэ тхьэ [[КецалъкоалӀ|КецалъкоалӀым]] къыгъэкӀуаху къалъытэхэт, абы шъхьэкӀэ ипэмкӀэ ямызауэ дахагъэкӀэ къырагъэблэгъахэт. Иджырей тхыдэшъэныгъэм и лэжьыгъэхэм ар зэпаубыдыр. КӀэх шъауэ индей хъыбарышъэхэм къаӀохуа быдапӀэ [[Веракрус|Веракрусым]] зэртеуар, абым яужы къыкӀэкӀын Кортесым гугъэ щышъар ацтекхэм я пщыр иубыдын.
 
Эспанхэмрэ лӀаскалан шъауэгъуэхэмрэ пщым и зы унэр яубыдри кӀэтӀысхьахэ, яужым абдежьым къэрал мылъкулъэри къагъуэта. Мантесумэм [[Карл V Габсбург|Карл V]]-м и ӀэнатӀэм кӀэувэну хагъэзыхьа, унэ яубыдам къыкӀанэри. Илъэс ныкъуэ текӀауэ, зэфӀэувэныгъэ хэрзынэ щымыхъум Кортес хъыбар къынос Веласкесым дзэ Панфило де Нарваэса къыригъэжьауэ [[Мексикэ|Мексикэм]], кхъухь 18 зэхэту, унафэ Кортесыр яубыду [[Куба|Кубам]] нагъэсыну яӀу. Зэманыр Ӏэуэ зэӀыхьэт: Кортесым къалэм и нэхъышъхьу лейтенант Алварадор къэгъанэ, шъэуэгъуэ 100 дэкӀыгъуи, езым 300 нэрыбгэ игъусу [[Веракрус|Веракрусым]] йожьэ. (Эспан тхыгъэ лэжьыгъэхэм ягу ирихьтэкъым индей шъэуэгъуэ гъусэхэм я бжыгъэр къаӀуэхун). Кортесым Нарваэсам щыщ шъауэгъуэхэр ахъчэкӀэ хегъэзыхьхэри и лъэныкъуэм къоуэкӀхэри дзэ бжыгъэкӀэ хэхъуам ядэкӀыгъу Мексикэ къуэм къэгъэзэжьыр.