Бзухьэгуагуэ
Бзухьэгуагуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Уэгунэбзу лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Бзухьэгуагуэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Бзухьэгуагуэ
Латин цӀэр
Galerida cristata Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 560129
NCBI 215306

Бзухьэгуагуэ (лат-бз. Galerida cristata) — уэгунэбзу лъэпкъым щыщщ.

Galerida cristata

Теплъэр зэгъэзэхуэжын

И лъэпкъэгъухэм ялъытамэ пӀащэщ. Щхъуэ-гъуэбжафэщ, и тхыцӀэмкӀэ нэхъ фӀыцӀафэу, и бгъэгу щӀагъыр нэхъ гъуэжьыфэу. Мы зы лӀэужьыгъуэращ хьэгуагуэу лъэпкъым хэтыр.

Здэпсэухэр зэгъэзэхуэжын

Щопсэу Еуропэм, Азиэм, Хъутейм, Индиэм. ЩӀымахуэм ди хэгъуэгухэм бзухьэгуагуэхэр нэхъыбэ щохъу, ищхъэрэкӀэ къызэрилъэтыкӀым къыхэкӀыу. ЦӀыхум игъунэгъуу сыт щыгъуи мэпсэу — къуажэ, къалэ гъунэхэм, жыг хадэхэм, гъогу гъунэхэм. ЩӀылъэ бзущ, жыг пытӀысхьэкъым. Илъэсым тӀо къыреш.

Ӏусыр зэгъэзэхуэжын

Ӏусыр гъудэбадзэщ, къэкӀыгъэ жылэ, удз тхьэпэ къыдэжагъащӀэхэр.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.