Будда (санскр. बुद्ध занкӀыу псалъэр зэдзэкӀамэ — «къэплъэжьа») буддадиным — губзыгъэм (бодхи) нэсарэ. ГурыӀуэгъуэ нэхъ зэгъэзэхуамкӀэ Буддар — Сиддхартха Гаутама Шакья лъэпкъым щыщ и сурэтым трахьэ, буддэдин хабзэм къызэриӀуатэмкӀэ диныр абым иригъэжьауэ щыт.

ГурыӀуэгъуэхэр зэгъэзэхуэжын

623 гъэм ди лъ. и пэм щыкӀэдзауэ 543 гъэм ди лъ. и пэм нэс щыпсоуа Сидхартха Гаутамар бодхим нэсар, буддэдиным пылъхэм я нэхъыбэм ар япэрей Буддуи яужырей Буддуи къалъытэкъым. Буддэдин хабзэмкӀэ Будду хэтми хъуфыну, зи дхармэр зэӀусхыфауэ губзыгъэм нэсыфар, и кармэр фӀэгъуэкӀэ ирыригъэкъуамэ. «Уафэгу» тхыдэмкӀэ апхуэдэ бжыгъэ къэхъут. Апхуэду зэрыхъумкӀэ Гаутама Буддар (Шакиямуни) зыуэ къахокӀыр Буддэ бжыгъэхэм, пэсырей дыдэм къыщыкӀэдзауэ къэкӀуэкӀ зэпытым ди япэрей джыжьэм нэсым. Абы и япэрыту щытар будда Дипанкара, ауэ абы яужырыт буддэм зэреджэр Майтрейя.

Тхыдэм хэт Буддар зэрыхъумкӀэ тхьэуэ щытакъым, егъэджакӀуэ, гъэсэкӀу щыта, сансарам губзыгъэ гурыӀуэгъуэхэр къыхихыфу. А псоми емылъытауэ буддэдиным и лъэныкъуэ гуэрэхэм цӀыхулъэпкъым и дэӀэпыкъуэгъу къыхагъэкӀыуи щыӀэ. ТхьэлъэӀугъэхэм буддэхэми, бодхисаттвахэми, дхармапалахэми, идамхэми, дэвэхэм иэ лхахэм а псоми зэхэдзыгъуэ ин я хуашъкъым. ТӀум щыгъуэ а къэбжэкӀауэ хъуар буддэдин дыдэм ахэр гъашэншэ хъуаху къэлъытэ, гъэшъэгъуэныр, дунем пэмыкӀ дин зы Тхьэнэхъышъхьэ къэылъытэ теткъым, упхуэдэ къэлъытэгъуэ иӀу. Буддэ и егъэджэнхэм я нэхъыбэм Махаяна сутрахэм ящыщхэм паубыдыр диным гупшысыгъу хъуар мы дунем псоми кӀэ иӀу, псоми ухыпӀэ иӀу къэлъытэгъуэ ешъыр, езы Буддэми и гъашъэм кӀэ иӀу (и икӀэрей пӀэ Дхармакаями): а хабзэмкӀэ, сансара закъуэра гъашъэух зиӀу щытыр, ауэ апхуэду езы Буддэ и гугъ пшъыныр — гукъэуэшху къалъытэну, гузэвэгъуэ къыхокӀыр дхармэ гъэсэныгъэхэм я ебэкъуэныр.

«Къэплъэжьыным и ӀэфӀагъыр» — нирвана буддэдиным къызэриӀуатэмкӀэ, дунем псэ зыӀуту хъуар нэсыфыну абым, ауэ ортодокс буддэдиным къызэриӀохумкӀэ нирванам унэсын шъхьэкӀэ цӀыху укъэхъун хуэй. А зэфӀэкӀыныгъэм псори зэрнэсыфыным шъхьэкӀэ буддэдиным и хъыбар бжыгъэм къаӀоху буддэ куэд Ӏэмэ — псэ зыӀут псэушъхьу, кэкӀыгъу, цӀыху... губзэныгъэм нэсыным зыратауэ, нызырхэр зытраӀуауэ.

Сурэтылъэ зэгъэзэхуэжын

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын

Last edited 6 years ago by YiFeiBot