Бэрзэджхэ (уб-бз.: Барзагь) — убых пщы-лъэпкъ. Лъэпкъ-унэр убых хьаблэ нэхъ ин МутӀыхъуасуам дэтт. Бэрзэдж лъэпкъыр убыххэм ямызакъуэ адрей лъэпкъ гъунэгъухэми къалъытэт фӀыуэ. XIX лъэхъэнэм Бэрзэджхэм цӀэрыӀуэ куэд къахокӀыр Ипшъэ Къаукъазым щымыхъу Урысейми, Британиэшхуэми, Тыркуми къацӀыхухэу.

Бэрзэджхэ
УнагъуэцӀэр къезгъэжьар:
Здэпсохэр: Тыркуей
ӀэнатӀэпӀащхьэр: Лъакъуэлъэш
КъызхэкӀ щӀыпӀэр:
УнагъуэцӀэ къыхэкӀахэр: Бэрзэдж (Къэбэрдей)
Бэрзэдж (Абдзах)
Лъэпкъым я жыгыр: Къэдабэщиху
Унэкъуэщхэр: Уэблагъуэхэ

1830 гъэхэм ядежь Бэрзэдж лъэпкъыр унагъуэ 400 хъут, унагъуэ къэс пщылӀ унагъуу 5 къыщыкӀэдзауэ 20 нэсу яӀау. Апшуэду Бэрзэдж унагъуэ къэс зауэм, зекӀуэм шъауэ-гъусу и пкӀантӀэм 150 гупу къыдигъэкӀыфынут, лъэпкъ псом нэрыбгэ 3 000. Я ӀанатӀэр нэхъри быдэ зышътэр шапсыгъ лъакъуэлъэш Шапакъуэхэмрэ абыхэмрэ зэрзэгуэттэр.

1845 гъэм нэгъунэ нэхъышъхьу тетар Ажьи Адагуа-Икъуэ Бэрзэдж, абы яуж теувар Ажьи Керантыхъу-Бей Бэрзэдж.


Last edited 6 years ago by YiFeiBot