Грютвикен (ин-бз. Grytviken) — Британиэшхуэм и хыщӀ щӀыпӀэ Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр я къалэ нэхъышъхьэ. Дунейм и нэхъ ипшэ дыдэ къалащхьэ.

Къалэ нэхъышъхьэр
Грютвикен
ин-бз. Grytviken
Къэрал Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэр
Хэку Британиэшхуэм и хыщӀ щӀыпӀэхэр
Кординатхэр Кординатхэр: 56°16′36″ ю. ш. 36°30′40″ з. д. / 56.276667° ю. ш. 36.511111° з. д. (G) (Я)56°16′36″ ю. ш. 36°30′40″ з. д. / 56.276667° ю. ш. 36.511111° з. д. (G) (Я)
Щыхалъхьар 1904
нэхъышъхьэбзэ инджылыбзэ
джылэр 20 цӀыху (2008)
Зэманыгъуэр UTC-2
[[File:|250px|Грютвикен (ШӀыгу)|link=]]

Хэкумэтх зэгъэзэхуэжын

Къалэр хы тӀыгу Ипшэ Джорджэм тетщ, тӀыгуныкъуэ Тэтчер и дыгъэкъуэкӀыпӀэмкӀэ гъэзауэ, дэлъэдапӀэ Кинг Артур и Ӏуфэм деж. Антарктидэ нэс 250 км нэблэгъэн фӀэкӀ дэлъкъым.

Грютвикен Антарктикэм тюристхэр нэхъ здекӀуалӀэ щӀыпӀэхэм ящыщщ. ЩӀыпӀэм и бгхэм, Ӏуащхьэхэм, мылхэм, къуэхэм икӀи нэмыщӀхэм цӀыху куэд дихьэххэу еплъыну къызэхуешэ.

Къалэм пэмыжыжэу пшы вымпӀухэм я колониэ иӀэщ.

Тхыдэ зэгъэзэхуэжын

ТӀысыпӀэр щаухуар 1904 гъэращ. Апщыгъуэм норвегхэм къалэр иджыпсту здэщыт къалэм деж джейхэр щаукӀыну базэ яувауэ щтащ.

1909 гъэм къалэр Британиэшхуэм Ипшэ Джорджэрэ, Ипшэ Сандуичхэрэ хы тӀыгухэм я къалащьэ ищӀащ.

Джей-укӀым и пщӀэр ехуэхыжа иуж, къалэм абы и экономикэр епхати, тӀэкӀу тӀэкӀуурэ абыи и пщӀэр ехуэхыжащ.

1982 гъэм Фолклэнд зауэ зэманым щыгъуэ Архентинэм и зауэлӀхэм къалэр яубыдауэ щтащ. Тхьэмахуищ дэкӀа иуж Британиэшхуэм и зауэлӀхэм къалэр къытрахыжащ. Абы къыхэкӀыу 2001 гъэ хъухъу хы тӀыгур Британиэшхуэм и хыдзэлӀхэм яхъумэу щыӀахэщ.

Джылэр зэгъэзэхуэжын

Къалэм джей-укӀым и пщӀэр ехуэхыжа иуж, цӀыху дэсыр зэуэ нэхъ мащӀэ хъуащ.

Иджыпсту абы дэсыр цӀыху 20 нэблагъэуращ. Гъэмахуэм туристхэм щӀыпӀэм къыщыкӀуэм деж цӀыху дэсыр 200 нэхъ мащӀэ дыдэу щӀегъу.

Сурэтылъэ зэгъэзэхуэжын

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын