ДжэдгъалӀэхуэлъэ
ДжэдгъалӀэхуэлъэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бзугъуабжэ лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Бзугъуабжэхэр
ЛӀэужъыгъуэ: ДжэдгъалӀэхуэлъэ
Латин цӀэр
Turdus pilaris Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

ДжэдгъалӀэхуэлъэ лат-бз. Turdus pilarisбзугъуабжэ лъэпкъщ.

Turdus pilaris

Хъури анэри зэщхьщ. Щхьэщыгур, пщэ щӀыбагъыр, кӀащхьэр, хулъащхьэм, бгъэм гъуэжьыфэ къащӀоуэ, ныбэ щӀагъыр хужьыщ, дамэцхэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ. Бгъэмрэ джабэхэмрэ кусэ щимэ фӀыцӀафэхэр хэсщ. Инкъым.

Къаукъазым къинэмыкӀауэ, щогъуалъхьэ Еуропэм, Сыбырым и щӀыпӀэ щхьэхухэм. ЩӀымахуэр щырах Ипщэ Еуропэм, Ищхъэрэ Африкэм, Азиэ ЦӀыкӀум. Псей, уэздыгъей мэзхэм, мэз зэхэпхъахэм, псыхъуэ мэзылъэхэм абгъуэ щащӀ Ӏэтауэ къудамэ зэгуэкӀыпӀэхэм. Гъэмахуэм тӀо къыреш, анэм изакъуэ шырхэр зыпӀыр.

Ӏусым хохьэ гъудэбадзэ, абыхэм я хупсхэр, хьэпщхупщ, хьэмблу, бэдж, нэгъуэщӀхэр. Гъэмахуэпэмрэ бжьыхьэмрэ куэду яшх къэкӀыгъэ: мэракӀуэ, къудамэщӀэ, тхьэпэщӀэ, псом хуэмыдэу джэдгъалӀэмрэ мыщэхупсымрэ, жылэ. ДжэдгъалӀэхуэлъэхэр ди щӀыпӀэхэм бэгъуауэ, мылъэтэжу щопсэу.


Тхылъхэр зэгъэзэхуэжын

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.